КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм щыхэплъа зэIущIэ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIы кодексым и 14, 17-нэ статьяхэм, республикэм и цIыху щхьэхуэхэм псэуалъэ щаухуэн щIы яхухэхынымкIэ» законым и проектым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. Министрым и гугъу ищIащ КъБР-м и мылъкум щыщ щIы Iыхьэ Прохладнэ районым етыным и IуэхукIэ Правительствэм и проектми. Прохладнэ щIыналъэм и мылъкум хагъэхьащ сом мелуан 499,3-рэ и уасэ курыт еджапIэу Красносельскэ къуажэм дэтыр.
2025 гъэм тещIыхьа «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» проектым, абы ипкъ иткIэ республикэ мылъкум щыщ субсидиер щIыналъэхэм зэрытрагуэшэну мардэм я IуэхукIэ къэпсэлъащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей. Къэпсэлъам къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и паркыу Налшык къалэм щыIэр къэгъэщIэрэщIэжыным мылъку щхьэхуэ зэрытекIуэдэнур.
КъБР-м и бюджет зэхэлъым щыщ мылъкукIэ республикэм и цIыхухэм ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмалхэмрэ мардэхэмрэ тепсэлъыхьащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис къэпсэлъащ и нэIэ щIэт министерствэм къегъэщIылIа IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм теухуауэ.
КъБР-м терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щыпэщIэтынымкIэ къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Правительствэм и проектыр игъэбелджылащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ахъмэт Артур тепсэлъыхьащ «КъБР-м и щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьын» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм къыхилъхьа проектым.
2024 гъэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм илэжьахэм, дызэрыт илъэсым, дызыхуэкIуэ 2026, 2027 гъэхэм республикэ бюджетым иIэну щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Мусуков Алий щIэупщIащ «Пушкиным и картэр» республикэм зэрыщылажьэм, абы и Iэмалхэр цIыхубэм къызэрагъэсэбэпым. Министрым къыхигъэщащ картэм къарит Iэмалым щыщу зымащIэ фIэкIа 2024 гъэм къриубыдэу къызэрамыгъэщхьэпэфар, языныкъуэ районхэм «Пушкиным и картэм» мыхьэнэ зэрырамытыр. Мусуковым жиIащ 2024 гъэм картэр къызэрагъэсэбэпар ЩэнхабзэмкIэ, Финанс IуэхухэмкIэ министерствэхэм зэгъусэу къапщытэн зэрыхуейр. Ягъэбелджылынущ районхэм, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм картэ къызэIуахахэм ящыщу хэт дапщэ къагъэщхьэпами. ИкIи а Iуэхум теухуауэ зэIущIэ щхьэхуэ ирагъэкIуэкIыжынущ.
ЩэнхабзэмкIэ министрыр къытеувыIащ «Къуажэм щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэ» программэми.
КъБР-м и Правительствэм и унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуа проектым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
Узыншагъэр хъумэным тещIыхьа мылъкур республикэм и бюджетым щыщ сом мелуан 37-кIэ хагъэхъуащ. Ар къыщысэбэпынущ республикэ клиникэ сымаджэщым и екIуэлIапIэ къудамэм и ухуэныгъэр и кIэм нагъэсыным. Къалэбатэ Рустам и гугъу ищIащ Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщыр лэжьакIуэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным теухуауэ яхузэфIэкIахэм.
- 2023 гъэм щегъэжьауэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр идогъэкIуэкI абы теухуауэ. ЛэжьапIэ IэнатIэм пэрыуващ дохутыр 15. Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ районымрэ щыпсэухэр медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм нэхъ арэзы къищI хъуащ. 2025 гъэм къриубыдэу иджыри дорхутыритху дгъэкIуэн хуейщ абы, - жиIащ министрым.