Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие щхьэхуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэза лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ зэрыщагъэзащIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие щхьэхуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным икIи ядэIэпыкъуным хуэгъэза лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ зэрыщагъэзащIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнаэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм щIышылэм и 30-м
№104-П-П

 

«Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным икIи ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие щхьэхуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным икIи ядэIэпыкъуным хуэгъэза лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ зэрыщагъэзащIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
къищтащ   2025 гъэм щIышылэм и 30-м

1-нэ статья
«Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным икIи ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие щхьэхуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №24-РЗ-уэ 2008 гъэм накъыгъэм и 13-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo/gov/ru
мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн :
1. 2-нэ статьям:
1) 2-2-нэ пунктым «балигъ мыхъуа цIыхухэмрэ» псалъэхэм я ужькIэ «зи акъыл зэтемыс цIыхухэмрэ» псалъэхэр Iухын;
2) 3-нэ пунктыр мыпхуэдэу щытхын:
3) сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ Iыгъыным, гъэсэным, егъэджэным, законодательствэм игъэува хабзэм тету абыхэм я хэхъуэхэмрэ мылъкумрэ зегъэкIуэным, абы сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм папщIэ щыIэ IуэхущIапIэхэм гъэкIуэным егъэщIылIа Iуэхухэр зэфIэгъэкIыныр;»;
3) 4-нэ пунктым и «б» пункт къуэдзэм еянэ абзацым иужькIэ мыпхуэдэ абзацхэр щыщIыгъужын:
«балигъ мыхъуам хабзэкIэ и лIыкIуэм, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ папщIэ IуэхущIапIэм, якIэлъыплъынымрэ ядэIэпыкъунымкIэ органым сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм, бын зыщIахэм е ядэIэпыкъухэм я къалэнхэр зэрамыгъэзэщIэфынум къыхэкIыу адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм папщIэ IуэхущIапIэм пIалъэкIэ щыгъэIэным теухуауэ абы хабзэкIэ и лIыкIуэм ита лъэIур и лъабжьэу зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэным теухуауэ;
сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ щыпсэу щIыпIэм е здэщыIэ щIыпIэм иратхыкIынымкIэ арэзы зэрыхъум теухуауэ;
адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр техыным, мардэ хуэгъэувыным е адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжыну, къуэ (пхъу) ящIыным лъабжьэ зэриIэр икIи ар сабийм и сэбэп зыхэлъхэм зэрытехуэм, бын ящIам и хуитыныгъэхэр трахыжыным лъабжьэ зэриIэм, адэ-анэхэр (я Iыхьлыхэр) балигъ мыхъуа я бынхэм зэрызэхуэзэну щIыкIэхэр убзыхуным, балигъ мыхъуа бынхэр щыпсэуну щIыпIэхэр къыхэхыным теухуа заключенэхэр, законодательствэм къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI заключенэхэри етыным теухуауэ;
адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр судым игъэмэщIамэ, адэ-анэхэм я бынхэм яхуэзэным арэзы зэрытехъуэ тхылъ иратыным теухуауэ;».
4) 6-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«6) сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэрызыкъыхуагъазэхэм хэплъэныр икIи абыхэм егъэщIылIауэ зыхуеину Iуэхухэр зэфIагъэкIыныр;»;
5) 13-нэ пунктым «кIэлъыплъыным» псалъэм щыщIыгъужын «хъумэным»;
6) 14-19-нэ пунктхэм щIыгъужын мыхэр:
14) адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм, я унагъуэхэм щапIыну сабийхэр къеIызыхыну хуей цIыхухэм, абыхэм ахэр учетым зэрагъэувам, учетым зэрырахыжам ятеухуауэ зыщыгъуазэхэм зэрызахъуэжым икIи законодательствэм зэригъэува щIыкIэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуа хъыбархэр хуагъэхьыныр; 
15) балигъ мыхъуауэ ирагъаджэ сабий зеиншэхэу, адэ-анэхэм я нэIэ темыту къэна сабийхэу зи ныбжьыр илъэс пщыкIутху ирикъуахэр икIи я зэхуэдэ щIэныгъэ зымыгъуэтахэр егъэджэныгъэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэм къыщIатхыкIыным арэзы зэрытехъуэм теухуа дэфтэр иратыныр;
16) «Псэуныгъэ IэнатIэм зыуэ щыщыт зэщIэгъэуIуа бжыгъэ платформэ» къэрал хъыбарзехьэ Iэмэпсымэм илъхьэныр:
якIэлъыплъхэм (ядэIэпыкъухэм), адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр зэрытрахам, адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр зэрыхузэфIагъэувэжам, адэ-анэхэмкIэ яIэ хуитыныгъэхэм мардэ зэрыхуагъэувам, адэ-анэхэм яIэ хуитыныгъэхэм мардэр зэрыщхьэщахыжам, и гъащIэм е узыншагъэм шынагъуэ зэригъуэтам къыхэкIыу сабийр къызэрытрахам теухуауэ зыщыгъуазэхэр, законодательствэм игъэува хабзэм тету сабийм ягъэсэну унагъуэм щраткIэ зыуэ щыт пособиехэр зэрыхуагъэувам икIи зэрыратам хуэгъэза хъыбархэр;
ядэIэпыкъухэр (якIэлъыплъхэр), сабий-зеиншэхэр, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным хуэгъэзауэ ялэжьхэм теухуауэ зыщыгъуазэхэр;
17) зи адэ-анэ хуитыныгъэхэр зытраха е адэ-анэ хуитыныгъэхэм мардэ хуагъэува цIыхухэр, хабзэкIэ я пщэ далъхьа къалэнхэр тэмэму зэримыгъэзащIэм къыхэкIыу ядэIэпыкъум (якIэлъыплъым) и къалэнхэр зыщхьэщаха цIыхухэр, бын зыпIахэм законкIэ я пщэ далъхьа къалэнхэр зэрамыгъэзащIэм къыхэкIыу бын ящIыным теухуа унафэр езыхэм я къуаншагъэкIэ судым икъутэжахэр тхыныр, ахэр адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм ятеухуа хъыбархэмкIэ щIыналъэ банкым, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм ятеухуа хъыбархэмкIэ къэрал банкым учетым щагъэувын папщIэ а зыщыгъуазэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым егъэджэныгъэм и IэнатIэм щиIэ органым хуагъэхьыныр;
18) ядэIэпыкъу е якIэлъыплъ хъуну е адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийр унагъуэ законодательствэм игъэува нэгъуэщI пщалъэхэм тету ягъэсэну унагъуэм къыIахыну зэрамурадыр жызыIа цIыхухэм унагъуэм сабийр зэрыхагъэзэгъэфыну нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэм, сабийр унагъуэм зэрыхагъэзэгъэну языныкъуэ пщалъэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэм, ядэIэпыкъун икIи якIэлъыплъын папщIэ зыхуеину дэфтэрхэр зэрагъэхьэзырыну щIыкIэм, е адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэр унагъуэ законодательствэм игъэува нэгъуэщI теплъэхэм тету ягъэсэну къыIахыным, абы къыдэкIуэу апхуэдэ тхылъхэр гъэхьэзырынымкIи щIэгъэкъуэн хуэхъуныр;
19) интернатым иужькIи сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ темыту къэна сабийхэмрэ папщIэ IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIахэм гулъытэ хуащIыныр къызэрагъэпэщыну.».
2. 4-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм 5-нэ пунктыр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ:
«5) сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ папщIэ IуэхущIапIэмрэ реабилитационнэ, паллиативнэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ сабийхэм къезыт IуэхущIапIэхэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэныр, апхуэдэу зи акъыл зыужьыныгъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм стационар Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр.»;
2) 2-нэ Iыхьэм 4-1-нэ, 4-3-нэ пунктхэр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ:
«4-1) ярита полномочиехэр щагъэзащIэм къагъэхъуа щыщIэныгъэхэр гъэкIуэдыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым егъэджэныгъэм и IэнатIэм щиIэ органым къигъэувхэр ягъэзэщIэныр;
4-2) ирата полномочиехэм егъэщIылIа Iуэхухэр гурагъэIуэныр, апхуэдэу а Iуэхухэм теухуауэ цIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэхэм яхэплъэныр икIи абыхэм ехьэлIауэ зыхуеину лэжьыпхъэхэр зэфIагъэкIыныр;
4-3) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым егъэджэныгъэм и IэнатIэм щиIэ органым къэрал полномочие щхьэхуэхэр зэрыпхагъэкIым егъэщIылIауэ зыхуеину тхыгъэхэр, хъыбархэр, дэфтэрхэмрэ отчетхэмрэ иратыныр;».
3. 5-нэ статьям и I-нэ Iыхьэм 5-нэ пунктыр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ:
«5) ирата къэрал полномочиехэр зэрагъэзащIэр егъэфIэкIуэным теухуа Iуэхухэр щIыпIэ самоуправленэм и органхэм къыщыхелъхьэ.».
2-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм ядэIэпыкъуным икIи якIэлъыплъыным теухуа лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ зэрыщагъэзащIэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №25-РЗ-уэ 2008 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 1-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«1) адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм ятеухуа хъыбархэмкIэ къэрал банкым и щIыналъэ операторым и къалэнхэр егъэзащIэ икIи адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм ятеухуа хъыбархэмкIэ къэрал банкыр ирагъэкIуэкIыныр къызэрегъэпэщ;»;
2) 5-1-нэ пунктым мыхэр щIыгъужын:
5-1) «Псэуныгъэ IэнатIэм зыуэ щыту щызэхуэхьэса бжыгъэ платформэр» къэрал хъыбарзехьэ Iэмэпсымэм сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ, сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм ящыщу псэупIэкIэ къызэгъэпэщын хуейхэм ятеухуа хъыбархэр, абыхэм къадэкIуэу ахэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ дэIыгъыным теухуауэ зэфIагъэкIхэр иралъхьэ;».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм мазаем и 17-м
№5-РЗ

Поделиться: