Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ щыIэ советым и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №129-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ щыIэ советым и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №129-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ щызегъэкIуэным пэщIэтынымкIэ щыIэ Комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдигъэкIа Указ №38-УГ-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ щызегъэкIуэным пэщIэтынымкIэ щыIэ Комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ щызегъэкIуэным пэщIэтынымкIэ Комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №38-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, абы ГъукIэ А. А., Федеральнэ налог къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и управленэм и унафэщIыр хэгъэхьауэ икIи ГуэбэщIыкI А.Ю. абы къыхэгъэкIыжауэ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 12:01 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
08.11.2025 - 10:46 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
07.11.2025 - 17:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
01.11.2025 - 12:29 →
ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ
01.11.2025 - 11:50 →
Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь
| ||



