Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм ТIыхъужь Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэпIащ республикэм и щэнхабзэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр.
УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэр 2007 гъэм шыщхьэуIум и 27-м ягъэуващ. Абы лъандэрэ ягъэлъапIэ къэралым и щэнхабзэр зыхъумэхэр, ар зыгъэбейхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжхэр. Ди щIыналъэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм цIыху зы минрэ щэ ныкъуэм щIигъу щолажьэ.
ЦIыхубэм махуэ къэс дэрэжэгъуэкIэ яхуэупсэхэм, я гукъыдэжым хэзыгъахъуэхэм зэдаIэт ар. ЩэнхабзэмкIэ унэхэм, музейхэм, театрхэм, библиотекэхэм, кинотеатрхэм щылажьэхэм, гъуазджэм хуэпэжхэм ягъэлъапIэ я IэщIагъэм и махуэр.
Концертыр езыгъэкIуэкIа КIэхумахуэ ФатIимэрэ Хьэщхъуэжь Ислъамрэ хьэщIэхэр гуапэу ирагъэблэгъа нэужь, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин утыкур хуит хуащIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIи езым и щхьэми къыбгъэдэкIыу министрыр республикэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ пажэхэм ехъуэхъуащ. Абы къыхигъэщащ я IэнатIэм щызэфIах лэжьыгъэр зэрыуасэншэр, тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ абыхэм нэхъыбэ щыгъэгъуэзэнымрэ ехьэлIауэ яхь жэуаплыныгъэр къызэрылъытэгъуейр. Зи махуэр зыгъэлъапIэхэм фIыщIэ яхуищIащ я IэнатIэм щаIэ зэфIэкIым, абы зэрыхуэпэжым папщIэ икIи ехъуэхъуащ узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэ яIэну.
Хъуэхъу псалъэ гуапэхэм пищащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Текуев Амурбий. Абы дыщIигъужащ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм щIэныгъэ зэрабгъэдэлъыр, я къалэным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, унафэщIхэм зэрызыщIагъакъуэр.
Къумахуэ Мухьэдинрэ Текуев Амурбийрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ пашэхэм иратыжащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ, ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, КъБР-м и Профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм, «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Пшыхьыр ягъэдэхащ Шэджэм щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм - «Нартан», «Эрирей», «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Шардан», «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблхэм я къэфакIуэхэм, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист ДыщэкI Артур, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Маргъущ Тамерланрэ Хьэпэ Лиерэ.