Мэлыжьыхьым и 2-м, Аутизм узыфэм (РАС) теухуа хъыбар щызэлъащIысым и дунейпсо махуэм, Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «Человек дождя» зи фIэщыгъэ псапащIэ фестивалым и етхуанэ зэхыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ музеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм щытлъагъу IэдакъэщIэкIхэр ящIащ «уэшхым и цIыхукIэ» зэджэ, адрейхэм емыщхь сабийхэм. НыбжьыщIэ 47-м (илъэси 8 - 17 хъухэм) я IэдакъэщIэкIщ музейм и пэшитIым я блынхэр зыуфэбгъуахэр. Ауэ нэхъыщхьэр зи лэжьыгъэ куэд ягъэлъагъуэ икIи щIэупщIэ иIэу ящэху Иуаз Амир и IэдакъэщIэкIхэрщ. ЩIалэр илъэс 18 мэхъу, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и студентщ.
Уеплъурэ уздрикIуэм, нэм къыIуедзэ Iэзагъышхуэ хэлъу щIа сурэтхэр икIи абыхэм яхыболъагъуэ фестивалым и фIэщыгъэм ухуэзышэ, жьауэмкIэ уэшхым зыщызыхъумэ цIыхур къызытещ IэдакъэщIэкIым - адрейхэм зыремыщхьыр къигъэлъагъуэрэ, хьэмэрэ цIыхур дунейм зэрыIущIэм и дамыгъэ?! Пэжщ, мыхъуж узыфэщ аутизмыр, ар зыпкърытхэм цIыхухэм гъунэгъу дыдэ зыхуащIыркъым, ауэ абы къикIыркъым и дуней зиIэжым гъащIэр фIыцIэрэ хужьу фIэкIа имылъагъуу псэууэ. Абыхэм я къэухьыр зы лъэныкъуэ хэхам хуэузэщIащ, я гупсысэ щхьэхуэ яIэжщ, зыгуэрым хуэзэчиифIэщ, Амир сурэт щIыным зэрыхуэIэрыхуэм хуэдэу. Мыбдежым къыхэзгъэщынщи, Амир зэрылажьэр Iэ сэмэгущ, и IэдакъэщIэкIхэм я дахагъэр плъэгъуа, ящIэлъ гупсысэр къыппкърыхьа иужь, ар уи фIэщ пхуэмыщIу.
2021 гъэм Иуаз Амир и лэжьыгъэхэмкIэ ирашэжьа «Человек дождя» фестивалым а илъэсым ныбжьыщIэ 12-т хэтар, иджырейм, ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи - 47-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ сабийхэм я бжыгъэр хохъуэ, ауэ адэ-анэм, къэзыухъуреихьхэм я цIыхуфIагъымрэ я зэфIэкIыр абыхэм я фIэщ зэрыхъумрэ елъытащ зэрызаужьынури, сыт и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэн хъуфхэм я насыпщ. Апхуэдэ лъэкIыныгъэ къылъыкъуэкIащ «Индиго» коррекционнэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ, «Человек дождя» фестивалыр зи къарурэ мылъкукIэ езыгъэкIуэкI, Амир и анэ Сэхъу Ранетэ. Шэч хэлъкъым, илъэситI фIэкIа мыхъуу зи Iэпхъуамбэ цIыкIухэмкIэ сурэт щIын щIэзыдза и къуэм къару къызэрыхилъхьам, и сабийми абы хуэдэхэми зригъэужьын папщIэ хузэфIэкI зэрищIэм. Илъэс зэхуэмыдэхэм Амир и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьы- гъэ-хэр куэдым щапхъэ яхуэхъуащ.
ЗэIущIэр къызэIузыха икIи езыгъэкIуэкIа, «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадио компанием и продюсер Сердюков Станислав япэу къэпсэлъапIэр хуит хуищIащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан. «СурэтыщIым сурэтыщIым и гугъу зэрищIыфын и лъэныкъуэщ сэ Iуэхум сызэреплъынур. Амир и лэжьыгъэхэр телъыджэщ, балигъ куэд зыдэмыгупсысэфын лъагапIэ нэсащ ар. IэдакъэщIэкI зыбжанэ нэхъ къэмынэу, адрейхэр сыт хуэдэ утыкушхуи ипхьэ хъуну щIащ, IэмалкIи плъыфэхэм я зэхэлъхьэкIэкIи. ГушыIэ дахэ щIызолъагъуэ сэ щIалэм и сурэтхэм. Щапхъэу къэсхьынщ «Жирафым и ба» зыфIищар, псэущхьэм ба зыхуищIа пщащэм и пэнцIывыр езым и плъыфэ зэрыхъур гъэщIэгъуэнщ», - жиIащ Руслан икIи и ехъулIэныгъэмкIэ ар ехъуэхъуащ Амир.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ сурэтхэм нэщхъеягъуэ мащIэ зэрыхэплъагъуэр, абы щыгъуэми узыIэпашэу зэрыщхъуэкIэплъыкIэр, сурэт щIыным и щэху псори зэзыгъэщIа IэщIагъэлIым щIалэр къазэрыкIэрымыхур. ФIыщIэ яхуищIащ, гугъуехьхэм емылъытауэ, къаруушхуэ къызыкъуэзых адэ-анэхэм.
Псапэ зыпылъ Iуэхум зи сом хэзылъхьэ цIыхухэм, абы щыгъуэми ар сабий сымаджэхэм щехьэлIам и деж, псапэ лей къахь. Апхуэдэу зэIущIэм я цIэ къыщраIуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м сабий узыфэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, Пятигорск дэт медико-фармацевтическэ институтым психиатриемкIэ и кафедрэм и унафэщI Темоевэ Лейлэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Ерчэн Хъусен сымэ. Абыхэми я гупсысэ зэIущIэм щыжаIащ. ИужькIэ къэпсэлъахэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Текуев Амурбий, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз, ди республикэм и хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм и депутатхэу Ажий Валерэ, Мэзло Руслан, «Нюр» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Сабанчиевэ Арипэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Темыркъан Геннадий, КъБКъУ-м сабий ныкъуэдыкъуэхэм ядэлэжьэн IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр и къудамэм и унафэщI Настуевэ Людмилэ, Сабий ныкъуэдыкъуэхэм я адэ-анэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI Бозий Маринэ сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми къыхигъэщащ фIым, дахагъэм, гуапагъэм укъыхуезыджэ мы зэIущIэр куэдым ягу къызэринэнур, лIыгъэ щIапIэу, псапэ къэхьыпIэу щыIэ Iэмалхэм зэрыригъэгупсысынур. ЖаIащ Амир и IэдакъэщIэкIхэр ящэхуну зэрыхьэзырыр, абыхэм къапэкIуэ ахъшэмкIэ аутизм узыфэр зыпкърыт зэрыс унагъуэ хуэмыщIахэм зэрызыщIагъэкъуэнур.
Иуаз Амир и анэ, Iуэхум и зэхэублакIуэ Сэхъу Ранетэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ. Сабийхэри балигъхэри щIыбым къыщIэкIри шар къащхъуэхэр уэгум ираутIыпщхьащ мамырыгъэмрэ узыншагъэмрэ, дунеймрэ уэшхымрэ, уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхущытыкIэ дахэм я нэщэнэу. ЗэIущIэр зэхуащIыжащ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ зыхэта концерткIэ.