Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и «Жьы хъуа, зи закъуэу къэнахэм папщIэ унэ хэха» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэу зыфIэкI мыхъунур гъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 24-м Налшык къалэ №35-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и «Жьы хъуа, зи закъуэу къэнахэм папщIэ унэ хэха» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэу зыфIэкI мыхъунур гъэувын 42,5-уэ.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Жьы хъуа, зи закъуэу къэнахэм папщIэ унэ хэха» къэрал IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2003 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м къыдигъэкIа унафэ №116-ПП-м и 2-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Урысей Федерацэм и Музей фондым и щытыкIэр щIыналъэ къэрал кIэлъыплъыныгъэм (къэпщытэныгъэм) щIэгъэтынымкIэ теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 24-м Налшык къалэ №36-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Урысей Федерацэм и Музей фондым и щытыкIэр щIыналъэ къэрал кIэлъыплъыныгъэм (къэпщытэныгъэм) щIэгъэтыным теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм фокIадэм и 13-м къыдигъэкIа унафэ №186-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 5-нэ пунктым япэ абзацым иужькIэ щIыгъужын мыпхуэдэу тха абзац:
«КIэлъыплъыныгъэм щIэтхэр яубзыху музей хьэпшыпхэмрэ музей коллекцэхэмрэ зэхуахьэсыныр, бжыныр, хъумэныр икIи къэгъэсэбэпыныр къызэрызэрагъэпэщ Зыуэ щыт хабзэхэу Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №827-м тету икIи апхуэдэу «КIэлъыплъыныгъэ (къэпщытэныгъэ) лэжьыгъэр автоматизацэ зэращI я зэхуэдэ Iэмал» хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпу.»;
2) 9-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«9. ЩIыналъэ къэрал музей кIэлъыплъыныгъэр (къэпщытэныгъэр) щрагъэкIуэкIкIэ фIэкIыпIэ имыIэу хуагъэувахэр къызэпаудынкIэ хъуну зэрыщытар къэзыгъэлъагъуэ пщалъэхэу ягъэув:
1) кIэлъыплъыныгъэм щIэт цIыхуу музей хьэпшыпхэмрэ музей коллекцэхэмрэ зи мылъкуу щытым, зи унафэм щIэтым е къэзыгъэсэбэпым и хъумапIэхэм зэрахъумэ уэзджынэхэр зы мазэм къриубыдэу тхуэрэ е нэхъыбэрэ нэпцIу къызэрыщызууам теухуа хъыбар уполномоченнэ органым иIэмэ;
2) Урысей Федерацэм и Музей фондым хагъэхьа музей хьэпшыпхэмрэ музей коллекцэхэмрэ ятеухуа хъыбархэр, абыхэм суд унафэкIэ къэралым и мылъкуу къалъыта икIи зэпымыууэ ихъумэну апхуэдэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтым ирата музей хьэпшыпхэмрэ музей коллекцэхэмрэ ятеухуа хъыбархэри яхэту, кIэлъыплъыныгъэм щIэт цIыхум къапщытэ отчет лъэхъэнэм ипэ ита илъэсыр иухыхукIэ Урысей Федерацэм и Къэрал каталогым зэрырилъхьам щыхьэт техъуэ Iуэху зэрыщымыIэр сэтей къащIамэ;
3) кIэлъыплъыныгъэм щIэтыр зыхиубыдэ щIыналъэр здэщыIэ жылагъуэм отчет лъэхъэнэм щIыуэпс е техноген нэщэнэ зиIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ къызэрыщыхъуам теухуа хъыбар уполномоченнэ органым къыщыIэрыхьахэм деж ипэ ита отчет лъэхъэнэм елъытауэ, федеральнэ статистикэм къитахэм тету, музейм и фонд нэхъыщхьэм щахъумэ музей хьэпшыпхэм я бжыгъэр процентитхукIэ е нэхъыбэкIэ зэрафIэкIуэдам е зэрызэхэкъутам и зэранкIэ нэхъ мащIэ хъуамэ»;
4) Еханэ абзацым и 44-нэ пунктым «яхуегъэхь» псалъэр «кIэлъыплъыныгъэм щIэт цIыхум яхуегъэхь» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.