Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр лъэпкъ къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2025» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ар къызэрагъэпэщ Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм.
Жюрим хэтащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэщIагъэлIхэр.
- ЗэчиифIэ сабий 20-м щIигъум, зи адэ-анэхэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэхэм, я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ унэтIыныгъэу щым. Дэтхэнэ зы сабийми Iэмал иIащ абы и къарум щеплъыжыну. Иджырей зэпеуэр хэхауэ щхьэхуэт. Мы гъэм ар ирихьэлIащ юбилей тIуащIэм - ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80, Урысей ФССП-р илъэси 160-рэ зэрырикъум. Ахэр къыщыгъэлъэгъуащ суд приставхэм я профсоюз комитетымрэ щIалэгъуалэ советымрэ я къарукIэ ягъэхьэзыра фэеплъ саугъэтхэм. Зэпеуэм хэтхэм я творческэ номерхэр гъэнщIат нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэм хуащI пщIэмкIэ, ди Хэку иным зэрырипагэмрэ ар фIыуэ зэралъагъумрэ, - жиIащ къызэхуэсахэм защыхуигъазэм зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI, КъБР-м щыIэ УФССП-м и унафэщIым и къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и суд пристав нэхъыщхьэм и къуэдзэ Литовкэ Наталье.
Утыкум щыIуащ Хэкум, ди щэнхабзэм и дахагъэм теухуа уэрэдхэр. Концертыр къызэIуихри, Бозиевэ Сальмэ игъэзэщIащ цIэрыIуэ хъуа «Матушка земля» уэрэдыр. Къызэхуэсахэр дихьэхауэ едэIуащ Бах, Йенсен, Ловланд сымэ я композицэхэм. Псори итхьэкъуат утыку къихьа «Дыгъэшыр» лъэпкъ къафэмкIэ ансамблым. Артист ныбжьыщIэхэм Iэгуауэшхуэхэр хуаIэтащ.
Жюрим хэтхэм къызэрыхагъэщащи, текIуахэр къыхахыныр тынштэкъым, дэтхэнэ-ми къилэжьати. «Уэрэд жыIэн» номинацэм я ныбжь елъытауэ япэ увыпIэр щаубыдащ Ким Викторрэ Макаренкэ Мариерэ.
«Къафэ» унэтIыныгъэм нэхъыфIу къыщалъытащ «Дыгъэшыр» ансамблыр, «И Iэзагъым папщIэ» номинацэм бжьыпэр щаубыдащ Уэжь Идаррэ Уэдыхь Албэчрэ.
ТекIуахэм щIыхь тхылъхэр яритащ КъБР-м и профсоюзхэм я рескомым и унафэщIым и къуэдзэ Башиев Алим. Зэпеуэм хэта дэтхэнэ ныбжьыщIэри саугъэтыншэу къэнакъым.