Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, нэгъуэщI цIыхухэр, я унагъуэхэм щыщхэр псэуныгъэкIэ даIыгъыныр икIи абыхэм ядэIэпыкъуныр зэщIэгъэуIуэнымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м къыдигъэкIа унафэ №79-РГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Комиссэм хэгъэхьэн Къуэдзокъуэ М.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIыр (Комиссэм и унафэщIщ);

б) Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр Хъубий М.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм - пщэрылъ щыщIын, абы Комиссэм и унафэщIым и къалэнхэр щхьэщыхауэ;

в) Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрым, Комиссэм и унафэщIым и къуэдэзэм и къалэнхэр щхьэщыхын.

2. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.

Налшык къалэ

2025 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м

№48-РГ

Поделиться: