Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №99-ПП-м и 2-нэ пунктымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм щэкIуэгъуэм и I9-м къыдигъэкIа унафэ №296-ПП-м и 2-нэ пунктымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и I-м Налшык къалэ №45-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
I. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Налшык» спорт комплекс» къэрал IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2008 гъэм накъыгъэм и 4-м къищта унафэ №99-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «ЛэжьапщIэмкIэ я мазэ фондыр сом мин 5889, 4-рэ хъууэ цIыху 208-рэ» псалъэхэр «ЛэжьапщIэмкIэ я мазэ фондыр сом мин 5217,27-рэ хъууэ цIыху 178-рэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м «Iуэху хэхам зэщIэгъэуIуауэ хуэлажьэ спорт школ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» къищта унафэ №296-ПП-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «ЛэжьапщIэмкIэ я мазэ фондыр 1347,3-рэ хъууэ цIыху 93-рэ» псалъэхэр «ЛэжьапщIэмкIэ я фондыр сом мин 4I27,03-рэ хъууэ цIыху 98-рэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ..
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм щIышылэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №15-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I0 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м къыдигъэкIа унафэ №67-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэнымрэ я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и I-м Налшык къалэ №43-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
I. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм щIышылэм и 29-м «Агропромышленнэ комплексым зрагъэужьын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу субсидие теплъэ иIэу субсидиехэмрэ грантхэмрэ яхуэутIыпщыным ехьэлIа Iуэхухэм яещIыхьа унафэхэр къэзыщтэну уполномоченнэу щыт къэрал органыр убзыхуным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №15-ПП-м мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
I) унафэм зэреджэм «къэрал» псалъэр хэгъэкIын;
2) преамбулэм «къэрал» псалъэр хэгъэкIын;
3) 1-нэ пунктым:
а) япэ абзацым «къэрал» псалъэр хэгъэкIын;
б) 8-нэ пункт къуэдзэр мыпхуэдэу тхын:
«8) псыщIэгъэлъадэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIын папщIэ федеральнэ бюджетым къикIыу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу Урысей Федерацэм мэкъумэщ щIэным хухаха щIыхэр фейдэ пылъу къагъэсэбэпу щыщIадзэным икIи псыщIэгъэлъадэ IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуа Къэрал программэу Урысей Федерацэм и Правительствэм 2021 гъэм накъыгъэм и 14-м къыдигъэкIа унафэ №731-мкIэ къащтам и 6-нэ гуэдзэным къыщыхьахэм япкъ иткIэ»;
в) 9-нэ. 11-нэ пункт къуэдзэхэм къару ямыIэжу къэлъытэн;
г) 13-нэ, 14-нэ пункт къуэдзэхэм мыхэр щIыгъужын:
«13) жызум гъэкIынымрэ шагъыр щIэхунымрэ зрагъэужьыным трагъэгушхуэн папщIэ федеральнэ бюджетым къикIыу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу Къэрал программэм и 18-нэ гуэдзэным къыщыхьахэм япкъ иткIэ;
14) агропромышленнэ комплексым и IуэхущIапIэхэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщам хэгъэхъуэным щIэгъэкъуэн хуэхъуну Iуэхухэр ягъэзэщIэн папщIэ федеральнэ бюджетым икIыу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу Къэрал программэм и 22-нэ гуэдзэным къыщыхьахэм япкъ иткIэ.»;
4) 2-нэ пунктмы «къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органым» псалъэхэр гъэзэщIакIуэ властым и органым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2010 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м «ЩакIуэ хозяйствэхэм зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэн папщIэ хуитыныгъэ иратыным теухуа аукционыр къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и уполномоченнэ гъэзэщIакIуэ органым и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №67-ПП-м («Официальная Кабардино-Балкария», 2010, №1) къару имыIэжу къэлъытэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться:
Читать также:
22.07.2026 - 10:32 →
Об утверждении плана мероприятий по развитию в Кабардино-Балкарской Республике системы реабилитации больных наркоманией
20.07.2026 - 15:07 →
О внесении изменений в постановление Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 2 февраля 2026 г. № 8-ПП
20.07.2026 - 15:06 →
О внесении изменений в Закон Кабардино-Балкарской Республики "О республиканском бюджете Кабардино-Балкарской Республики на 2026 год и на плановый период 2027 и 2028 годов"
18.07.2026 - 09:00 →
ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж
13.07.2026 - 13:36 →
ГъащIэм сабиигъуэм къыщыщIедзэ
| ||




