Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын абы Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м
№143-П-П
 
      Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ
     Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
 къищтащ            2025 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м
1-нэ статья. Мы Законым зэригъакIуэ Iуэхур
 «ПсапащIэ лэжьыгъэмрэ езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэмрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №I35-ФЗ-уэ I995 гъэм шыщхьэуIум и II-м къыдэкIамрэ (адэкIэ Федеральнэ законщ) нэгъуэщI федеральнэ законхэмрэ япкъ иткIэ мы Законым зэрегъакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэхэм (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр.
2-нэ статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм щиIэ полномочиехэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм езыхэм яфIэфIу ящIэхэм (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм щиIэ полномочиехэм хохьэ:
1) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органу езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм щыуполномоченнэр иубзыхуныр;
2) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ абыхэм я унафэм щIэт къэрал IуэхущIапIэхэмрэ езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэу, езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэу Федеральнэ законым и 173-нэ статьям и 1-нэ пунктым и 2-нэ пункт къуэдзэм  къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэм и лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэмрэ икIи Федеральнэ законым и 173 -нэ статьям и 1-нэ пунктым и 1-нэ пункт къуэдзэм ипкъ иткIэ зэхуэдэу хуагъэувахэмрэ къэзылъытэхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэхэр къищтэныр;
3) Федеральнэ законым и 174 -нэ статьям и 2-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа теплъэхэр къалъытауэ езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм хэтхэр диIыгъын папщIэ зэфIигъэкIынухэр зыхуэдэр иубзыхуныр;
4) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм щаIэ полномочиехэу федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэм и гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ я полномочиехэм хагъэхьахэр пхигъэкIыныр.
3-нэ статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органу езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм уполномоченнэу щигъэувам и полномочиехэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органу езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм уполномоченнэу щагъэувам и полномочиехэм хохьэ:
1) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм теухуа къэрал политикэр пхыгъэкIыным хэтыныр;
2) лъэпкъ, щIыналъэ социально-экономикэ, экологие, щэнхабзэ, нэгъуэщI щхьэхуагъэхэр къалъытэу, езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэр дэIыгъыным хуэгъэза Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэхэр (программэхэм я къудамэхэр) зэхэлъхьэныр икIи пхыгъэкIыныр;
3) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм хэтхэм къызэгъэпэщыныгъэ, информацэ, методикэ и лъэныкъуэкIэ, нэгъуэщIкIэ зыщIагъэкъуэныр Федеральнэ законым, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI мардэ хабзэгъэув хабзэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ законхэм, нэгъуэщI хабзэгъэув актхэм къыщыгъэлъэгъуа теплъэхэр яIэу къызэзыгъэпэщ къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, псэуныгъэм хуэгъэпса коммерцэу щымыт IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэри хэту, ядэIэпыкъуныр;
4) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэр хэIущIыIу ищIыныр;
5) езыхэм яфIэфIу ящIэхэр (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм зыщIагъэкъуэным хуэгъэза Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа муниципальнэ программэхэр (программэхэм я къудамэхэр) диIыгъыныр; 
6) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм  муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэза Iуэхухэр зэхэлъхьэнымкIэ икIи пхыгъэкIынымкIэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэщыныр икIи ахэр зэхалъхьэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр;
7) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я деж къыщызэрагъэпэщ зэзыгъэуIу, чэнджэщакIуэ органхэр зэтеухуэнымкIэ щIэгъэкъуэн хъуныр;
8) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм  и IэнатIэм къэрал политикэр щыпхагъэкIын мурадкIэ езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм зегъэужьыным хуэгъэза хъыбархэр зыуэ щыт информацэ системэм хагъэхьэн папщIэ Iэригъэхьэныр;
9) коммерцэу щымыт IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и ресурс центрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр Федеральнэ законым тету иубзыхуныр;
10) езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэр зэпымыууэ екIуэкIыныр икIи абы Федеральнэ законым и 174-нэ статьям къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI теплъэхэри хэту финансхэмкIэ, мылъкукIэ, лэжьакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщынри хыхьэу, зыщIагъэкъуэн мурадкIэ езыхэм яфIэфIу  ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм  и ресурс центрым дэIэпыкъуныр;
11) мы Законым и 2-нэ статьям къыщыгъэлъэгъуахэр хэмыту федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я гъэзэщIакIуэ властым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я полномочиехэм хигъэхьа нэгъуэщIхэри езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм щыпхигъэкIыныр.
4-нэ статья. Езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм щаIэ полномочиехэр пхыгъэкIыным текIуадэхэм ахъшэ хуаутIыпщыныр
 Езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм щаIэ полномочиехэр пхыгъэкIыным текIуадэ ахъшэр хуаутIыпщ а мурадым хухахауэ зыхуэфащэ финанс гъэмрэ планкIэ къызэщIиубыдэ лъэхъэнэмрэ тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къыщыгъэлъэгъуа бюджет мылъкум, апхуэдэу федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ япкъ иткIэ ахъшэхэм я нэгъуэщI къыхэкIыпIэхэу ягъэувахэм къахэкIыу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2025 гъэм накъыгъэм и 7-м
№18-РЗ
Поделиться: