Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ
2025 гъэм накъыгъэм и 19-м            Налшык къалэ        №71-ПП
 
Нэхъ хуэмыщIа, бын куэд щапI унагъуэхэм, нэгъуэщIхэм ящыщхэу республикэм и еджапIэ IуэхущIапIэхэм щеджэхэу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм 2025 - 2026 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я Федерацэ» зэгухьэныгъэмрэ лэжьакIуэ коллективхэмрэ я жэрдэмыр къэщтэн икIи сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэху 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м егъэкIуэкIын.
2. Сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтыну икIи я зы махуэ лэжьапщIэр республикэпсо щэбэт щIыхьэхум халъхьэну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм, щIыпIэ самоуправленэм и органхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм яхуэгъэлъэгъуэн.
3. Сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа Республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтхэм псапащIэ Iуэху щIыкIэу езыхэм яфIэфIу къыхалъхьэ финанс мылъкухэр сабийхэр зиIэ унагъуэ хуэныкъуэхэм иратын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и 03100643000000010400 счётым «Федеральнэ казначействэм и органхэм Урысей Федерацэм и ­бюджет зэхэлъыкIэ зэхуэмыдэхэм ятригуашэ хэхъуэхэр» 96120702020020000150 кодымкIэ, «ЦIыхухэм езыхэм яфIэфIу къыхаха ахъшэхэм щыщу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэм я мылъкуу яIэрыхьэхэр» 83701000 ОКТМО-мкIэ хуэутIыпщын.
4. Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ ­администрацэхэм яхуэгъэлъэгъуэн:
школ кIуэгъуэ ныбжьым ит сабийхэм (сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм, сабий ныкъуэдыкъуэ­-   хэм, нэхъ хуэмыщIа унагъуэхэм я бынхэм) я адэ-анэхэм (якIэ­лъыплъхэм е ядэIэпыкъухэм) ящыщу зэ етыгъуэу дэIэпыкъуныгъэ зратхэм, а дэIэпыкъуныгъэр зратхэм ятеухуахэр къыщыгъэлъэ­гъуауэ, я спискэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ ЦIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм Iэрагъэхьэныр къы­зэрагъэпэщыну;
мылъкухэр зэрызэхуахьэсыр икIи зэ тыгъуэу ират дэIэпы­къу­ныгъэр зыIэрыхьэхэм ятеухуахэр и чэзум ялъэIэсыныр кIэлъы­плъыныгъэм щIагъэувэну.
5. Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм зэхалъхьа спискэхэм тету зэ тыгъуэу ят дэIэпыкъуныгъэ зыIэрыхьэхэм я зы сабийм сом мини 3,0 хуэзэу сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум и фондым къыIэрыхьа ахъшэхэм я хьэкъкIэ 2025 гъэм фокIадэм и 1-р къэмыс щIыкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщы­жынымкIэ и министерствэм ялъигъэIэсыну.
6. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщын хуейщ сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум къри­кIуахэр цIыхубэм хъыбар зэрырагъащIэ IэнатIэхэм къыщагъэлъэгъуэныр.
7. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хъубий М.Б. пщэрылъ щыщIын.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться: