IуэхущIапIэм и хъыбархэр

КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм накъыгъэм къриубыдэу иригъэкIуэкIа зэIущIэхэмрэ зыхэта дауэдапщэхэмрэ кIэщIу щыгъуазэ фытщIынщ.

Накъыгъэм и 11 - 13-хэм Дагъыстэным щекIуэкIащ «Псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр Урысейм и цIыхуу зыкъэлъытэжыным и лъабжьэщ» щIалэгъуалэ зэхуэсышхуэ. Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым, КИФЩI-м и муслъымэн зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым, Дагъыстэн республикэм я дин IуэхущIапIэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэIущIэ щхьэпэм хэтащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.

Накъыгъэм и 15-м КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий Прохладнэ, Май районхэм я Iимамхэм щIыпIэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ муслъымэн университетым и ректор Шыбзыхъуэ Мурат, егъэджакIуэ нэхъыжьхэу Мисиров Хъызыр, КIэрэф Жамболэт, районитIым я раис-Iимам Нэгъуей Марат сымэ. ЗэIущIэр теухуат Iимамхэм я лэжьыгъэм къыхэхъуэ Iуэху гугъухэр зэфIэха зэрыхъуну щIыкIэм, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэр къызэрагъэщIэрэщIэжыпхъэм, Iимамхэм къапэщылъ къэпщытэныгъэхэм, университетым щIэтIысхьэнухэр къызэрырашалIэм.

Накъыгъэм и 18-м Налшык дэт Мэжджытышхуэм щызэхуашэсащ мы гъэм хьэж зыщIынухэр. Мэккэ лъапIэмрэ Мадинэ къалэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу мы илъэсым екIуэлIэнущ цIыху 650-рэ. Дзасэжь Хьэзрэталий хьэжыщIхэм гъуэгу махуэ псалъэкIэ захуигъэзащ. Гъуэгу теувэнухэм чэнджэщхэр иратащ гъунапкъэмрэ таможнэмрэ я лэжьакIуэхэм, я хьэпшыпхэр зэрызэрахьэну щIыкIэм къахутепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэщ муфтийм и къуэдзэ Мисиров Хъызыр, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт сымэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: