Фащэр щыптIэгъамэ, хьэл-щэнкIи удекIупхъэщ

Тэрч районым и «Дуней» къэфакIуэ гупыр иджыблагъэ пашэ щыхъуащ Москва щекIуэкIа «Союз талантов России» XXXI дунейпсо зэ­хьэ­зэхуэм. Абы я зэфIэкI щагъэ­лъэгъуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 64-мрэ Белоруссиемрэ икIа гупи 189-м. 
Дей къуажэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм зэ­фIэкI ин ­къы­зы­къуахащ: ансамблым «Лъэпкъ къэфэкIэхэр» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуа­гъэ­фэ­щащ, зэхыхьэм и Кубокри къратащ. Мы къэфакIуэ гупыр зэры­щы­Iэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуми, и цIэр жыжьэ игъэIуну хунэсащ. Абы текIуэныгъэхэр мызэ-мытIэу къыщихьащ щIыналъэ, урысейпсо зэпеуэхэм. Ныбжьы­щIэ­хэм зыщагъасэ Дей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Адыгэхэр сыт щыгъуи я къа­фэкIи фащэкIи щапхъэу щытащ, «Кавказым и франджы­хэр» цIэр теIукIауэ. А фIы­гъуэхэм ямыгъэ­кIуэду зэры­пащэм, я ехъулIэныгъэхэр зэ­ры­зы­Iэрагъэхьэм теу­хуауэ упщIэ зыбжанэ еттащ «Дуней» гупым ядэлажьэ Сатибал Казбек:

- ЕхъулIэныгъэм и щэхуу ­къэслъытэр сабийр нэхъыбэрэ утыку ихьэху, абы и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным нэхъри ар зэрытригъэгушхуэрщ. НыбжьыщIэ щэ ныкъуэм нэблагъэ согъасэри (илъэси 8-м щегъэжьауэ 17 хъуху я ныбжьу), зэпеуэхэм ахэр щыхэткIэ, адрей къэфакIуэхэми ядоп­лъейри, нэхъ­ лъэщ, нэхъыфIыж зэрыхъунум хуегъэпабгъэ. Псалъэм папщIэ, иужьрейуэ «Союз талантов России» XXXI дунейпсо зэ­хьэ­зэхуэм икъукIэ куэд щызэ­хуа­шэсат. Абы зыкъыщагъэлъэ­гъуащ «щапхъэ зытрах» цIэхэр зиIэхэри нэхъыбэрэ утыку къихьахэри. Сабийхэм ар икъукIэ ­гукъинэж ящыхъуащ, сыту жы­пIэмэ зэфIэкI лъагэ зиIэхэм ехьэ­ехуэнми махуэ зыбжанэ лейуэ диIэу Москва зэрызыщаплъы­хьами ягъэгушхуащ. Абыи мы­хьэнэшхуэ иIэщ я къэухьым ­зиужьынымкIэ. 
ДыхущIокъу щIэх-щIэхыурэ утыку дыкъихьэну. Налшык къалэм илъэс къэс щекIуэкI «Кавказым и лъагапIэхэр» зэпеуэм, Ставрополь къыщызэрагъэпэщ «Школ гъатхэ» урысей­псо Iуэхум сыт щыгъуи дыхэтщ. 
2024 гъэм Къэзан щыIа урысейпсо сабий фольклориадэми дыхэтащ. Къыхэзгъэщыну сы­хуейт нэгъаби мы гъэми зэпеуэ­хэм дыкIуэнымкIэ зыкъытщIэ­зыгъэкъуахэр, псом хуэмыдэу «Тэрч налмэс Iэмэпсымэ» заво­дыр (зэадэзэкъуэхэу ЛIэужь Адэл­бийрэ Ахьмэдрэ). Гъуэгуп­щIэри хьэщIэщри къытхузэрагъэпэщащ. КъыддэIэпыкъуащ Хьэрэдурэ Заурбий, Сен Хьэчим сыми. Мы ди зэпсалъэр къэзгъэсэбэпу жысIэну сыхуейт Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI КIэрэф Мура­дини IуэхущIапIэм пэш щытху­хихауэ абы дызэрыщылажьэр. Сэбэп къытхуэхъухэм псоми фIы­щIэ яхузощI.
- ЗэрысщIэмкIэ, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым ухэтащ, Казбек. Сабий гуп бгъэсэным дауэ ухуэкIуа?
- Сэ езыр гъэсапIэм щегъэ­жьауэ къафэм сыт щыгъуи сы­пы­щIауэ щытауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ 5-нэ классым нэхъ куууэ абы зыхуэзгъэсэн щыщIэздзащ Быкъыш Казбек деж. Къапщтэмэ, абы щыгъуэм къызгу­рыIуат къа­фэм си гъащIэр епхауэ щытыну сызэрыхуейр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэныгъэ щызэзгъэ­гъуэ­тащ. «Терчанка» цIы­хубэ ансамблым псори зэхэту илъэси­пщIым щIигъукIэ сыхэтащ, Гуэ­ныкIэ Ли­уан дигъасэу. Абы и деж си IэщIагъэм теухуауэ куэд къы­щысщIащ, си зэфIэкIым щыхэзгъэхъуащ жысIэмэ, сы­щы­уэну­къым. Сахуэ­арэзыщ дэтхэнэ си егъэджакIуэми. Унагъуэм, си адэ-анэм си Iуэхур къызэрызда­Iыгъри зы­щызгъэгъупщэркъым. 
Уи упщIэм сыкъытеувыIэмэ, пэжщ, «Кабардинка» къэрал ансамблым зэман кIэщкIэ сыхэтащ. Абы ирихьэлIэу, Дей къуа­жэм сабий гуп згъэсэну къэсщ­тати, наIуэт а лэжьыгъэр нэхъ къызэхъулIэну сыхуеймэ, а тIум языр къызэрыхэсхыпхъэр. Ансамблым сыхэтмэ, мыдрей лэ­жьы­гъэр Iэпэдэгъэлэл хъунут. Ар­ати, си гур зыхуэгъэтIылъауэ къыщIэкIар сабийхэр гъэсэнырщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къы­зэрызухыу иужь сихьащ а Iуэхум (2019 гъэм). Ансамблым и фIэ­щыгъэр - «Дуней» - зэрестрэ илъэ­ситI хъуауэ аращ, иджыпсту абыкIэ республикэм дыкъыщацIыху.
- Лъэпкъ къафэм иIа пщIэр  нобэми лъагэу къэплъытэрэ, щIэупщIэ иIэ?
- Къафэм и мыхьэнэр, сэ къы­зэрыслъытэмкIэ, япэрауэ, уи ­хабзэр зэрыуигъэхъумэмрэ зэ­рызыуигъэхьэмрэщ. Ди лъэпкъ къэфэкIэхэр гъуазджэм и лъагапIэу къалъытэ. Ахэр дгъэкIуэдмэ, апхуэдиз илъэскIэ къыддэгъуэгурыкIуа щэнхабзэри бзэхынущ. Нобэрей зэманми декIуу ар зепхьэфынущ. АдэкIи зи ужь дитыпхъэхэм ящыщ зыуэ къызолъытэ лъэпкъ къафэр тхъу­мэ­ныр. Абы щIалэгъуалэр дауэ ­дедгъэхьэхыну жыпIэмэ, зе­дгъэу­жьын, щIэ гуэрхэр хэтлъ­хьэн хуейщ. 
Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, иджыпсту гугъущ цIыхур къы­дэпхьэхыну, къэфэным хэп­шэну. Абы и щхьэусыгъуэр зэманым зэрызихъуэжар арауэ къыс­щохъу: гур, нэр зыхьэхуу куэд къе­жьащ, телефоным, Интернетым хущIигъэхьэркъым. ­ГукIи псэкIи къыхэзыхауэ къафэм зыхуагъэсэну си деж къа­кIуэхэм нэхъыбэ зэрезгъэщIэным сэ сыхуопабгъэ. ЩыIэщ, дауи, езы­хэр хуэмейуэ адэ-анэхэм къашэхэри, ауэ абыи зы фIагъ хэлъщ: зэман дэкIа нэужь, зэ­гугъур ягу щрихьыжи къохъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэхъ ищ­хьэ­кIэ ар къыхэзгъэщакъым, ауэ сэри хуэмурэ мы Iуэхум сыхэп­щIауэ аращ. Срогушхуэ сабийм ябгъэдэслъхьэр къыщы­щхьэ­пэкIэ. 
- Щэнхабзэ къулей утыку къы­зэрырахьэм къищынэмыщIа, сабийм сыткIэ сэбэп хуэхъурэ лъэпкъ къэфэкIэхэр?
- Шэч хэмылъу, узыншагъэм ехьэлIауи ар фIыщ, сабийм и ­Iэпкълъэпкъым, макъхэр зэ­ры­зэхих-зэрызыхищIэ щIы­кIэм зрегъэужь. ЩIалэ цIыкIухэм я хьэл­ри абы епсыхь жытIэ хъунущ - ­къафэм зэрызыщагъазэ Iэмалхэр нэхъ гугъущи, бэшэч ещI. Гуп щIыжаIэжыр цIыху хыхьэкIэ, хэтыкIэ пщIэн хуейуэ аращи, абы ехьэлIауи къафэм мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. Нэхъ пасэм ди лъэп­къэгъухэм фащэр зэрызэрахьэу щытар нэгъуэщIхэм щапхъэ ­яхуэхъурт, ар щыптIэгъамэ, уи хьэлкIи щэнкIи удекIупхъэт. Ар, дауи, си гъэсэнхэм зэхащIыкIри, я дуней тетыкIэкIи абы зэрыхуэ­фэщэным хуопабгъэ. Фащэр щыптIэгъэн щхьэкIэ, уи гуп­сы­сэ­кIэри абы техуэу щытын ­хуейщ. 
- Уи мурадхэмрэ хъуэпсапIэ­хэм­рэ.
- СыхущIокъу згъасэ гупым ядэзгъэув къафэхэм я мыхьэ­нэр нэхъ куу зэрысщIынум. Къафэ­кIэ цIыхур зыгъэгупсысэн, сэбэп ­хуэхъун лэжьыгъэхэрщ зи ужь ­ситынур. Ауэ къызгуроIуэ абы щхьэкIэ иджыри си щIэныгъэми къэухьми хэзгъэхъуэну къызэ­­рыспэщылъыр. Ди хабзэ и лъэны­къуэкIэ сабийхэм нэхъы­фIу диIэр яхэслъхьэну, схузэ­фIэкI лъэп­къым хуэсщIэну си ­хъуэпсапIэщ.

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: