Хэхъуэхэр нэхъыбэ мэхъу

ЛэжьапщIэхэр тыным пыщIа Iуэхухэм ятеухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ министр Ахъуэбэч Щэмил, транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министр ДыщэкI Аслъэн, ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ ­хозяйствэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлев Андрей, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Сыжажэ Хьэсэн, спортымкIэ министр Хьэсанэ Ислъам, щIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ министр Шаваев Ильяс, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, щIыналъэм и унафэщIым жиIащ:
- Нобэ и гугъу тщIынущ улахуэхэр тыным, ику иту ди деж лэжьапщIэу къыщахьыр, цIыхухэм я хэхъуэхэр зыхуэдизым. Ахэр ди дежкIэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщу щытщ сыт щыгъуи. 2025 гъэм и щIышылэ - гъатхэпэ мазэхэм абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ бжыгъэхэм дыщыгъуазэщ. Росстатым къызэритамкIэ, ику иту лэжьапщIэр сом 48185-рэ мэхъу, ар илъэс кIуам проценти 112,5-кIэ хуокIуэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ дэ долэжь бюджет IэнатIэм пэрытхэм я улахуэм хэгъэхъуэным. Иужьу къата бжыгъэхэм къызэ­рагъэлъагъуэщи, япэ мазищым узыншагъэр ­хъумэн, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IэнатIэхэм пэрытхэм я улахуэм проценти 17-кIэ хэхъуащ, егъэджэныгъэр щхьэхуэу къапщтэмэ, ар проценти 113-рэ мэхъу. Апхуэдэу щытми, экономикэ IэнатIэм и къудамэ щхьэхуэхэр къатщтэрэ зэпэтлъытмэ, арэзы сыкъищIыркъым ­къат бжыгъэхэм. Нэрылъагъущ абыхэм улахуэр зэрыщыт дыдэр хэIущIыIу зэрамыщIыр икIи мыбдежым ди хьэрычэтыщIэхэм епсэлъэн ­хуейщ ягъэлажьэхэм ират ахъшэр зыхуэдизыр тэмэму къагъэлъэгъуэну. Абы цIыхухэм ику иту яIэрыхьэ хэхъуэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ ищIынущ.
«ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр щыIэщ икIи бюджет IэнатIэми, адрей унэтIыныгъэхэми абыхэм щы­пытщэн хуейуэ аращ», - къыхигъэщащ Iэтащ­хьэм.
Мусуков Алий зытепсэлъыхь Iуэхум и щыты­кIэр зыхуэдэр зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ:
- Дызэрыт илъэсым цIыхухэм ипэжыпIэкIэ яIэрыхьэ лэжьапщIэри ику иту мазэм къахэ­хъуэри нэхъыбэ тщIын тхузэфIэкIащ. Илъэс ­кIуам кърикIуахэм япкъ иткIэ, дэ щIыналъэм абыкIэ япэ увыпIэр щыдубыдащ. Гъэ блэкIам цIыху къэс ику иту сом 45374-рэ яIэрыхьащ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм - гъатхэпэми апхуэдэу щытащ, икIи а бжыгъэхэмкIи Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щытIыгъщ, мы гъэм и япэ мазищым ахъшэ хэхъуэхэр процент 25-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Инфляцэр хэгъэкIауэ, республикэм щыпсэухэм  я хэхъуэр проценти 113,9-м нэсащ, ари щIыналъэм щынэхъыфI бжыгъэщ, Урысей Федерацэм абыкIэ етIуанэ увыпIэр щытIыгъщ. Иджы лэжьапщIэм теухуауэ. Лэжьа­кIуэм япэ кварталым мазэ улахуэу ику иту хуатхар сом 48185-рэ хъуащ е  илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм проценти 112,5-кIэ хуэкIуэу. Ипэжы­пIэкIэ улахуэр проценти 102,6-рэ хъуащ. Дэ къыдолъытэ абы нэхъ псынщIэу хэхъуэн хуейуэ. Зэхэхауэ къэбгъэлъагъуэмэ, япэ мазищым ­къриубыдэу зи лэжьапщIэм нэхъыбэу хэхъуа IэнатIэхэм ящыщщ: «Iуэхутхьэбзэ къинэмыщIхэр яхуэщIэныр» - проценти 128,8-кIэ, «продукцэ къыщIэгъэкIыным елэжь IуэхущIапIэхэр» - проценти 126,1-кIэ, «электрокъарукIэ, газрэ бахъэ­кIэ къызэгъэпэщыныр» - 118,8-рэ, «мэкъумэш IэнатIэр» - проценти 113,7-рэ. Апхуэдэу, бюджет IэнатIэм щыщу къэралым и нэIэ зытригъэт IуэхущIапIэхэм Iутхэм я лэжьапщIэхэми хэ­хъуащ: егъэджэныгъэм - проценти 113,2-кIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ унэтIыныгъэмрэ -  проценти 113,5-кIэ, щэнхабзэм, спортым, цIыху­хэм я зыгъэпсэхунымрэ я нэгу зегъэужьынымрэ пыщIахэм - проценти 105,5-кIэ. Дэ догугъэ илъэсым и кIэм ирихьэлIэу лэжьапщIэхэр ику иту сом 52400-м нэсыну. Ипэжы­пIэкIэ лэжьапщIэм утепсэлъыхьмэ, илъэсым и кIэ пщIондэ инфляцэр проценти 10-м къыщы­нэмэ, дэ проценти 105,3-м дынэсын хуейщ. Урысей Федерацэм и Президентым 2012 гъэм къыдигъэкIа указхэм япкъ иткIэ бюджет IэнатIэм и лэ­жьакIуэхэу зи улахуэхэр ику ит лэжьапщIэм ­ирапхахэм я гугъу пщIымэ, япэ мазищым кърикIуа­хэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, дэ ахэр догъэзащIэ, уеблэмэ къанэ щымыIэу унэтIыныгъэ псомкIи щIыдогъэгъу.
ЗэIущIэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Прави­тельствэмрэ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ зытепсэлъыхьа Iуэхухэм ятеухуа пщэрылъхэр щащIащ.

Поделиться: