Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Вэрокъуэ Мурат Анатолэ и къуэр Тэрч суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ 

«Урысей Федерацэм щыIэ зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №188-ФЗ-уэ 1998 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдэкIам и 6-нэ, 7-нэ статьяхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Вэрокъуэ Мурат Анатолэ и къуэр Тэрч суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувын и полномочиехэм я пIалъэм мардэ имыIэу. 
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м
№159-П-П

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и комитетхэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Регламентым и 22-нэ статьям ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат Быф Альберт Аслъэн и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмкIэ, хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ и комитетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымкIэ и комитетымрэ хэгъэхьэн.
2. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м
№160-П-П

Поделиться: