ПсэукIэр езыгъэфIакIуэр

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат и унафэм щIэту екIуэкIа, ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэм видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Зэхуэсыр зытеухуар «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэмрэ абы епха къэрал проектхэмрэт. Дызэрыт зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрыр, къэралыр и щIэгъэкъуэну, инфраструктурэм епха объект пщIы бжыгъэхэм йолэжь. 
Псалъэм папщIэ, «Иджырей школ» къэрал проектым ипкъ иткIэ Прималкинскэ, Александровскэ, Шэджэм, Нарткъалэ, Красносельскэ жылэхэм школхэр щаухуащ икIи щаутIыпщащ. «Унагъуэм зыщIэгъэкъуэн» къэрал проектым и фIыгъэкIэ Бахъсэн, Гундэлэн, Старэ Шэрэдж щаухуэну я мурад сабий IыгъыпIэхэм я проектхэр ягъэхьэзыращ. 
«Щэнхабзэм зегъэужьын» УФ-м и къэрал программэм  тету, «Театрхэм я уардэ унэр» и кIэм нагъэс. КИФЩI-м и зыужьыныгъэм телажьэ къэрал программэхэмкIэ Тырныауз щызэфIагъэкI псыр зыгъэкъабзэ ухуэныгъэхэм, пIалъэ зыхуагъэувыжыр 2027 гъэм и кIэрщ. Азау псы­хъуэмрэ Iуащхьэмахуэ къуажэмрэ я зэхуакум щызэпрыша псыр зыгъэкъабзэ коллекторым ирахьэлIэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ. 
 ЩIыналъэхэм лэжьыгъэ зэуIу щегъэкIуэкIын программэмкIэ Налшык сабий IыгъыпIэщIэхэр щаухуэну я мурадщ. И кIэм нэсыным куэд иIэжкъым Псынэдахэ дэт школым ирахьэлIэ лэжьыгъэхэри. «Лышхым ебэнын» къэрал проектым ипкъ иткIэ, республикэм Лышхым щеIэзэ диспансер щаухуэ, щаухыну пIалъэр – 2026 гъэм и дыгъэгъазэрщ. Зэуэ цIыху 500-м Iуэхутхьэбзэ щы­хуащIэф Къалэ поликлиникэщIэм лэжьэн щIи­дзакIэщ, Кэнжэ щаухуэ амбулаторэр илъэ­сым и кIэм яухынущ. 
 Къалэр псэупIэ тынш щIыным хуэгъэпса щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ жылагъуэ пщIантIэ 37-рэ зыхуей хуагъэзэнущ. Гъуэгу проектхэмкIэ щIыпIэ 20-м лэжьыгъэ щокIуэкI, лъэс зэп­рыкIыпIэу 42-рэ яухуэ, автобус къэувыIэпIэхэм автопавильон 71-рэ щызэрагъэпэщынущ. Программэ зыбжанэм ятегуэшауэ, иджыри медицинэм, щэнхабзэм, псэупIэ-коммунальнэ хо­зяйствэм, егъэджэныгъэм епха ухуэныгъэхэр зыхуей хуагъэзэну я мурадщ. 

Поделиться: