Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыбгъэдэкI лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Уэчыл палатэм и квалификацэ комиссэм хэхыным и IуэхукIэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыбгъэдэкI лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Уэчыл палатэм и квалификацэ комиссэм зэрыхах щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыбгъэдэкI лIыкIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Уэчыл палатэм и квалификацэ комиссэм хэхын:

БжэIумых Аллэ Алий и пхъур;

Шапсыгъ Азрэт Мухьэмэд и къуэр.

2. Мы Унафэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Уэчыл палатэм хуегъэхьын.

3. Мы Унафэм  къару  егъуэт ар  къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Налшык къалэ

2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м

№120-П-П

      Къэрал кIуэцI  IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм  2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ ищIа отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкэр Республикэм щыIэм  2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ   Крючков В.Г. ищIа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм  2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетыр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ  Татьянэ

Налшык къалэ

2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м

№130-П-П

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм 2024 гъэм  иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

 Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм 2024 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм  теухуа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым  унафэ ещI:

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетыр  къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м

№131-П-П

Поделиться: