ЗауэлIхэм яIуощIэ

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрийрэ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ яIущIащ «Тэрч» дзэ зэгухьэныгъэм щы­щу дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэу загъэпсэхуну къэкIуэжахэм.

ЗауэлIхэр тепсэлъыхьащ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэрагъэзащIэм, дзэ гупым къикIуа гъуэгуанэм, ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэм.
Чайкэ Юрий щIалэхэм иджыри зэ ехъуэхъуащ бэракъыщIэ яIэ зэрыхъуамкIэ, дзэ гупым зэрызиужьам зэреплъри къигъэлъэгъуащ, апхуэдэуи фIыщIэ яхуищIащ зауэлIхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ псапащIэхэм.
Зэхуэсым апхуэдэуи хэтащ Ипщэ дзэ округым и дзэхэм я унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Кочетков Владимир, Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым и лъэпкъ гвардием, Жуковым и орденыр зыхуа­гъэфэщам, и унафэщI Спиридонов Владимир, УФ-м и МВД-м и Управ­ленэ нэхъыщхьэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Букин Николай, апхуэдэуи Дагъыстэн Республикэм и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Джафаров Рэмэзан, Шэшэным и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу - республикэм лъэпкъ политикэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмкIэ, печатымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и министр Дудаев Ахьмэд, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт, Ставрополь щIыналъэм ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и пашэ Рахимов Мухьэмэдрэ Дагъыстэным и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и Iимам Абдулаев Ахьмэдрэ.

Поделиться: