Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ щекIуэкI лэжьыгъэр зэщIэгъэуIуэнымкIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм пэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэщIэгъэуIуэнымкIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ щекIуэкI лэжьыгъэр зэщIэгъэуIуэнымкIэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, абы Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ следственнэ управленэм и унафэщI Фишман А.М. хэгъэхьауэ икIи Потапов А.Е. хэгъэкIауэ. 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м №76-УГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




