Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ»  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын абы  Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы  Унафэм къару егъуэт ар  къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м
№166-П-П

 

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Парламентым къищтащ      2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и  17-м
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №17- РЗ-уэ 2022 гъэм накъыгъэм и 11-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ  интернет-портал ((www.pravo.gov.ru)   мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 4-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
2. 5-нэ статьяр мыпхуэдэу тхын:
«5-нэ статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм щаIэ полномочиехэр
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм щиIэ полномочиехэм хохьэ:
1) щIалэгъуалэр псэуныгъэкIэ зыхуейхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр, щIыналъэ, щIыпIэ тхыдэ-щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр къилъытэкIэрэ, езым и зэфIэкIхэр здынэсым тещIыхьауэ, щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм пщалъэхэр я лъабжьэу  Iуэхухэр щызэригъэкIуэныр;
2) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIынымкIэ  уполномоченнэ органыр (адэкIэ - гъэзэщIакIуэ властым и уполномоченнэ республикэ органщ) иубзыхуныр;
 3) Урысей Федерацэм щIалэгъуалэм патриот гъэсэныгъэ,  щIалэгъуалэм псэкупсэ-нэмыс гъэсэныгъэ ирагъэгъуэтын  папщIэ зэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуахэм къыщыгъэлъэгъуахэр, щIалэгъуалэр псэуныгъэкIэ зыхуейхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр, щыIэ щIыналъэ, щIыпIэ тхыдэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр къилъытэкIэрэ, щIалэгъуалэм патриот гъэсэныгъэ, щIалэгъуалэм псэкупсэ-нэмыс гъэсэныгъэ ирагъэгъуэтын папщIэ щIыналъэм щызэфIагъэкIыну Iуэхухэр къищтэныр;
4) щIалэгъуалэ политикэр щыпхагъэкIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я IуэхущIапIэхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр игъэувыныр;
5) щIалэгъуалэ политикэм и  инфраструктурэм  зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр, абы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щIалэгъуалэ политикэр щыпхыгъэкIыным щелэжь республикэ къэрал IуэхущIапIэхэр къызэрагъэпэщынри, абыхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэнри хэту;
6) щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм щыщыIэ нэгъуэщI полномочиехэу федеральнэ законодательствэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэм зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу и гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ я полномочиехэм хигъэхьахэр.
2.  ГъэзэщIакIуэ властым и  уполномоченнэ республикэ органым щIалэгъуалэ политикэм щиIэ полномочиехэм хохьэ:
I) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и щIыналъэм щIалэгъуалэ политикэр щыпхыгъэкIыныр;
2) щIалэгъуалэр псэуныгъэкIэ зыхуейхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр, щыщыIэ щIыналъэ, щIыпIэ, тхыдэ-щэнхабзэ  щхьэхуэныгъэхэр къилъытэкIэрэ езым и зэфIэкIхэр здынэсым тещIыхьауэ щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм Iуэхухэр, пщалъэхэр я  лъабжьэу  щызэригъэкIуэныр;
3) Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм  щыщыIэ къэрал программэхэр гъэзэщIэным хэтыныр;
4) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщыIэ социально-экономикэ, экологие, демографие, лъэпкъ, этнокультурнэ, нэгъуэщI  щхьэхуэныгъэхэр къилъытэкIэрэ, щIалэгъуалэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм егъэщIылIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэхэр, нэгъуэщI щIыналъэ. муниципальнэ зэхуаку программэхэр зэхилъхьэныр икIи пхигъэкIыныр;
5) щIалэгъуалэ политикэр щыпхагъэкIкIэ республикэ къэрал IуэхущIапIэхэр зэщIигъэуIуэныр икIи ахэр методикэ и лъэныкъуэкIэ и унафэм щIигъэувэныр;
6) щIалэгъуалэ политикэр зэрагъэзащIэм и мониторинг къызэригъэпэщыныр икIи ар иригъэкIуэкIыныр,- абы  Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэр щIалэгъуалэм патриот гъэсэныгъэ щегъэгъуэтынымрэ, щIалэгъуалэм  псэкупсэ-нэмыс гъэсэныгъэ щегъэгъуэтынымрэ   къат фейдэм и мониторингри хэту;
7) щIалэгъуалэр лэжьэным,   лэжьыгъэм и лъапIэныгъэхэмрэ абы есэнымрэ щIэгъэкъуэн хуэхъуныр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм студент отрядхэр къыщызэрагъэпщкIэри,  хэту;
8)  щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ IэщIагъэлIхэр  Iуэхум къыхашэныр къызэригъэпэщыныр;
9) къыхалъхьэ жэрдэмхэм, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIалэгъуалэм я жэрдэм проектхэри яхэту, гъуэгу ягъуэтыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр;
I0) щIалэгъуалэ политикэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и щIыналъэм щыпхагъэкIынымкIэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр;
II) Федеральнэ законым и II-нэ статьям ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэ политикэр щыпхыгъэкIыныр информацэ и лъэныкъуэкIэ къызэрагъэпэщыныр зригъэхъулIэныр;
I2) щIалэгъуалэ жылагъуэ  организацэхэу, псэуныгъэм тещIыхьауэ коммерцэу щымыт  организацэхэу, коммерцэу щымыт  организацэхэу зи лэжьыгъэр Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIыным тещIыхьахэр къызэрагъэпэщыным икIи  абыхэм я лэжьыгъэр зэтеухуэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ныбжьыщIэхэм консультацэ, методикэ информацэ я лъэныкъуэкIэ  защIэгъэкъуэныр;
I3)  Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIыным   теухуа лэжьыгъэр щезыгъэкIуэкI, фейдэ къегъэщIыным пымыщIа организацэхэм консультацэ, методикэ, информацэ лIэужьыгъуэхэм тету, апхуэдэу федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэр и лъабжьэу   зыщIагъэкъуэныр;
I4)  зауэлIхэр щыщIалъхьа щIыпIэхэу, зыщымыгъуазэхэр,  щIамылъхьахэм къащIэнахэр къагъуэтын, Хэкур щахъумэм хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу  кIуэдахэмрэ я цIэхэр ягъэбелджылын икIи абыхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын ящIын мурадкIэ къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIыну пщэрылъ  зыщащIа, щIалэгъуалэм патриот  гъэсэныгъэ  егъэгъуэтынымкIэ  центрхэм, дзэ-патриот зэгухьэныгъэхэм (клубхэм), тхыдэдж-лъахэхутэ, къэзылъыхъуэ организацэхэм, жылагъуэ-къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, апхуэдэу щIалэгъуалэм патриот-гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным, щIалэгъуалэм псэкупсэ-нэмыс гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным я IэнатIэм щылажьэ , фейдэ къегъэщIыным пымыщIа организацэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лэжьыгъэм  щIэгъэкъуэн хуэхъуныр;
I5) Къэбэрдей-Балъкъэр  Республикэм и властым и гъэзэщIакIуэ органхэм щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм къэрал зэхуаку организацэхэм, нэгъуэщI къэралхэм я  къэрал органхэм, апхуэдэу   правительствэхэм ямей нэгъуэщI организацэхэм  ядэлэжьэным теухуа IуэхухэмкIэ Федеральнэ законым и I3-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къызэрыщыгъэлъэгъуа лIэужьыгъуэхэм тету ирагъэкIуэкI л Iуэхухэр  зэщIигъэуIуэныр;
I6) щIалэгъуалэ политикэм  и IэнатIэм щыщыIэ нэгъуэщI полномочиехэу федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ органхэм я полномочиехэм, мы статьям и I-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуахэр  хэмыту, хагъэхьахэр пхигъэкIыныр.».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къызэрытрадзэрэ махуипщI дэкIа иужь.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м
№25-РЗ

Поделиться: