Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Щэнхабзэм и IуэхукIэ и Законым и 36-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Щэнхабзэм и IуэхукIэ и Законым и 36-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын абы Iэ тридзэн икIи ар хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт аркъыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ Налшык къалэ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м №170-П-П Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» и Законым и 36-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м 1-нэ статья «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» и Закон №80-РЗ-уэ 2001 гъэм шыщхьэуIум и 10-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 36-нэ статьям и япэ Iыхьэм «к-1» пунктыр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ «к-1) жылагъуэ хабзэр хъумэнымрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ хуэгъэзауэ, Урысей Федерацэм и законодательствэм пщэрылъ ящищIа полномочиехэр пхагъэкIын папщIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэр зытеухуамкIэ, ахэр щрагъэкIуэкI щIыпIэмкIэ, махуэмкIэ, зэманымкIэ, екIуэлIэну цIыхухэр зыхуэдизыну къалъытэмкIэ, жылагъуэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщын папщIэ зэфIагъэкIыну я мурадхэмкIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм, Iуэхум зи сэбэп хэлъ нэгъуэщI органхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ хъыбар ирагъащIэ цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, жылагъуэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрызэрагъэпэщ хабзэхэу Урысей Федерацэм и Правительствэм къищтахэм тету ахэр щрагъэкIуэкIыну пIалъэр къэсыным махуипщI нэхърэ нэхъ мащIэ имыIэжу е Iуэхур зэрырагъэкIуэкIынум теухуа хъыбарыр нэхъ кIасэу къыIэрыхьамэ е ар зытеухуам зэрызихъуэжынум, щрагъэкIуэкIыну щIыпIэр, махуэр, зэманыр зэрызэрахъуэкIам е зэрыщымыIэнум теухуа хъыбар нэхъ кIасэу къыIэрыхьамэ, икIэщIыпIэкIэ;» 2-нэ статья Мы Законым къару егъуэт 2025 гъэм фокIадэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м №28-РЗ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




