Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Зыми имей псэущхьэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщахущытыпхъэр щыубзыхуа Хабзэр къэщтэным и IуэхукIэ
№48-ПП
2020 гъэм гъатхэпэм и 24-м                                     Налшык къалэ

«Псэущхьэхэм жэуаплыныгъэ хэлъу яхущытынымрэ Урысей Федерацэм и хабзэубзыху акт хэхахэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №498-ФЗ-м, 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къащтам, и 7-нэ статьям и езанэ Iыхьэм и 2-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн зыми имей псэущхьэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщахущытыпхъэр щыубзыхуа Хабзэр.
2. Мы Унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров С. А.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться: