ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэпIэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «ЩIалэгъуалэм папщIэ щIыналъэ» президент программэм хыхьэу Налшык щащI «Эльбрус» щIалэгъуалэ лагерым и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2023 гъэм а программэмкIэ Налшык, Шэрэдж, Аруан районхэм къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрхэр къыщызэIуахащ. Илъэс дэкIри, Налшык и щIалэгъуалэ центрым хэту арт-резиденцие къызэрагъэпэщащ, апхуэдэу IуэхущIапIэхэр къыщызэIуахащ Лэскэн, Май, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм. ИлъэситIым къриубыдэу а центрхэм щагъэзэщIащ икIи щрагъэкIуэкIащ щIалэгъуалэ проекту, зэхыхьэу 75-рэ. Мы илъэсым «ЩIалэгъуалэм папщIэ щIыналъэ» программэмкIэ центр къыщызэIуахынущ ХьэтIохъущыкъуей жылэм, Тэрч дэт апхуэдэ IуэхущIапIэр щIыналъэм и мылъкукIэ къагъэщIэрэщIэжынущ.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
16.09.2026 - 14:16 →
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
| ||




