Краснодардэсхэм я лэжьыгъэхэр![]() КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Гибискус и другие. Диалог» выставкэр. Абы хагъэхьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу Краснодар крайм щыщ художник зыбжанэм я лэжьыгъэхэр. УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Краснодар крайм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Ли Александр и IэдакъэщIэкIхэм къадэкIуэу, мы гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ абы и лэжьэгъу, и ныбжьэгъу сурэтыщI 16-м ящIахэр, лэжьыгъи 100-м нэблагъэ къызэщIиубыдэу. Дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я ехъулIэныгъэхэр, мамырыгъэм щIэбэн зауэлIхэм пщIэ зэрахуэфащэр, хэку лъагъуныгъэр, художникхэр зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэр лъабжьэ яхуэхъуащ абы. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
10.01.2026 - 10:18 →
«Мамэ, бжьыхьэр щIэгъанэ!»
09.01.2026 - 10:15 →
Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….
06.01.2026 - 11:04 →
Усыгъэм и дыгъэ
05.01.2026 - 09:00 →
Ди фильмыр Мароккэми нэсащ
04.01.2026 - 14:59 →
«Сыринэм» и зэфIэкIыр
| ||





