Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Республикэ закон щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Урысей Федерацэм хэт и гъунэгъу щIыналъэм хуиIэ гъунапкъэр щызэрахъуэкIкIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я гъунапкъэхэм зэрызахъуэжынур, зэхъуэк1ыныгъэхэр зэрагъуэтынур, икIи щымыIэж зэращIыну щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къару имыIэжу къэлъытэнымрэ я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
къищтащ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м 

1-нэ статья 
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэува муниципальнэ къулыкъум и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон «8-РЗ-уэ 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. гуэдзэн №2-м:
1) преамбулэм «Урысей Федерацэм щIыпIэ самоуправленэм къызэрыщызэрагъэпэщам и зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» №131-ФЗ-уэ 2003 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м къыдэкIам» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм хэту щIыпIэ самоуправленэр къызэрыщызэрагъэпэщам и зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» №33-ФЗ-уэ 2025 гъэм гъатхэпэм и 20-м къыдэкIам» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 2-нэ Iыхьэм и 2.2-нэ пунктым и 2.2. 5-нэ пункт щIагъым «19 бжыгъэр «34» бжыгъэмкIэ, «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2. гуэдзэн №2-1-м и I-нэ пунктым «Урысей Федерацэм псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и IуэхукI» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №5-РЗ-уэ 1999 гъэм мазаем и 20-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 38-нэ статьям и япэ Iыхьэм «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум щыщхэр муниципальнэ мылъкум зэрыхагъыхьэ икIи муниципальнэ мылъкум щыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум зэрыхагъыхьэ щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №15-РЗ-уэ 2002 гъэм гъатхэпэм и 6-м къыдэкIам ( Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 2-нэ статьям «Урысей Федерацэм) псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
4-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ хабзэрылажьэ унафэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2002 гъэм шыщхьэуIум и 3-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 16-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
2. 34-5-нэ статьям и 1-нэ, 5-нэ Iыхьэхэм «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 
3. 61-нэ статьям:
1) зэреджэм «къытрыригъэдзэн» псалъэм «(хэIущIыIу ищIын)» псалъэр щыщIыгъужын;
2) 1-нэ Iыхьэм «унафэхэр» псалъэм ипэ щыщигъэщын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и» псалъэхэр, «къытрыригъэдзэн» псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIын)» псалъэр, «къытрыригъэдзахэр» псалъэм «(хэIущIыIу ищIахэр)» псалъэр щыщIыгъужын;
3) 4-1-нэ Iыхьэм «къытриригъэдзэн» псалъэм щыщIыгъужын «( хэIущIыIу ищIын)» псалъэхэр;
4) 5-нэ Iыхьэм «къытрыригъэдзэн» псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIын)» псалъэхэр;
5) 6-нэ, 7-нэ Iыхьэхэм «къытрыригъэдзэн» псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIын)» псалъэхэр;
6) 8-нэ Iыхьэм «къытрыригъэдза иужь» псалъэхэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIа иужь)» псалъэхэр.
4. 63-нэ статьям
1) зэреджэм «къыщытрыригъадзэкIэ псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу щищIкIэ)» псалъэхэр;
2) 1-нэ Iыхьэм «къытрадза» псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIа)» псалъэхэр, «къытрадза иужь» псалъэхэм «хэIущIыIу ищIа)» псалъэхэр;
3) 2-нэ Iыхьэм «къытригъэдзэн ипэкIэ» псалъэхэм щыщIыгъужын «хэIущIыIу ищIын ипэкIэ)» псалъэхэр, «къытрадза иужь» псалъэхэм «(хэIущIыIу ищIа иужь)» псалъэхэр щыщIыгъужын.
5. 65-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
6. 66-нэ статьям
1) зэреджэм «къытрырегъадзэ» псалъэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ещI)» псалъэхэр
2) Текстым «къытрадза» псалъэхэм щыщIыгъужын «(хэIущIыIу ищIа» псалъэрхэр, «къытрыригъэдзэн и пэкIэ» псалъэхэм «(хэIущIыIу ищIын ипэкIэ) псалъэхэр щыщIыгъужын.
5-нэ статья
 «ЩIыпIэ самоуправленэм цIыху куэд зыхэт и органхэм и депутатхэр зэрыхахым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №74-РЗ-уэ 2003 гъэм шыщхьэуIум и 20-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал ((www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 7-нэ статьям и етIуанэ абзацым къару имыIэжу къыщылъытэн.
2. 15-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм етIуанэ, ещанэ псалъэухахэр къыхэгъэкIын.
3. 24-нэ статьям и 8-1-нэ Iыхьэм «73-нэ статьям и 2 -1-нэ Iыхьэм» псалъэхэр «17-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктым» псалъэхэмкIэ «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
4. 25-нэ и 3-нэ Iыхьэм «73-нэ статьям и 2-1 Iыхьэм» псалъэхэр «17-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктым псалъэхэмкIэ, «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 
6-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхум и щытыкIэр къэралым итхынымкIэ къэрал полномочиехэр зэрыщагъэзащIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №90-РЗ-уэ 2003 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. преамбулэм «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2. 4-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:
«3. Хуей хъумэ, щIыпIэ самоуправленэм и органхэм къэрал полномочие щхьэхуэхэр ягъэзэщIэн папщIэ зыхуеину мылъкуу къагъэсэбэпын икIи (е зэрахьэн папщIэ иратыну мылъкур зыхуэдизыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органу абы ар пщэрылъ зыщищIам еубзыху щIыпIэ самоуправленэм и органхэм къыхалъхьахэр я лъабжьэу».
4. 3-1-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«2) федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и уставым къызэрыщыгъэлъэгъуахэм икIи къызэрыщыгъэлъэгъуа щIыкIэм тету къэрал полномочие щхьэхуэхэр пхагъэкIын папщIэ езыхэм я мылъкур (материальнэ къулеигъэхэр, финанс Iэмэпсымэхэр щIыгъуу къагъэсэбэпыныр.»;
2) 2-нэ Iыхьэм и 3-нэ пунктым «къэрал полномочие щхьэхуэхэр пхагъэкIын папщIэ ирата финанс, материальнэ мылъкухэр къыщагъэсэбэпкIэ» псалъэхэр «абы къыдэкIуэу апхуэдэ мурадхэм папщIэ ирата мылъкур къагъэсэбэпыным теухуауи» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
5. 8 -1-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм «ирата финанс Iэмэпсымэхэмрэ материальнэ къулеигъэхэмрэ» псалъэхэр «ирата мылъкур» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
7-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм я языныкъуэ лIэужьыгъуэхэр псэуныгъэкIэ къэралым зэрыщыдиIыгъым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №57-РЗ-уэ 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и преамбулэм къару имыIэжу къэлъытэн.
8-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я статусымрэ гъунапкъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №13-РЗ-уэ 2005 гъэм мазаем и 27-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и преамбулэм къару имыIэжу къэлъытэн.
9-нэ статья
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэм я реестру «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэм я реестрымрэ къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъухэм я реестрымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №20-РЗ-уэ 2007 гъэм гъатхэпэм и 24-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн абы мыпхуэдэу тха абзацхэр щIыгъужауэ:
«Къалэ округым и Iэтащхьэ
Муниципальнэ районым и Iэтащхьэ».
10-нэ статья
«Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным икIи ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал полномочие языныкъуэхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №24-РЗ-уэ 2008 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 2-нэ статьям и I4-нэ пунктым «хуегъэхьын» псалъэм щыдыщIыгъужын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым егъэджэныгъэмкIэ и органым» псалъэхэр.
2. 4-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктыр мыпхуэдэ щытхын:
«2) «федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и уставым къыщыгъэлъэгъуахэм икIи къызэрыщыгъэлъэгъуа щIыкIэм тету къэрал полномочие щхьэхуэхэр ягъэзэщIэн папщIэ езыхэм я мылъкур (материальнэ къулеигъэхэр, финанс Iэмэпсымэхэр) щIыгъуу къэгъэсэбэпыныр;»;
3) 2-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу щытхын:
«2) къэрал полномочие щхьэхуэхэр пхагъэкIын папщIэ ирата материальнэ къулеигъэхэмрэ финанс Iэмэпсымэхэмрэ фейдэ пылъу икIи зэгъэзэхуауэ къагъэсэбэпыныр къызэригъэпэщыну;».
3. 5-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 3-нэ пунктым «апхуэдэ мурадхэм хухахауэ ирата финанс Iэмэпсымэхэр» псалъэхэр «апхуэдэ мурадхэм хухахауэ ирата мылъкур» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 2-нэ Iыхьэм и 1-нэ пунктым «апхуэдэ мурадхэм хухахауэ ирата материальнэ къулеигъэхэмрэ финанс Iэмэпсымэхэмрэ» псалъэхэр «апхуэдэ мурадхэм хухаха мылъкур» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
4) 6-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм щIыгъужын «икIи (е) зехьэныр» псалъэхэр.
5. 8-нэ статьям:
1) зэреджэм, 1-нэ, 2-нэ Iыхьэхэр «Къэрал кIэлъыплъыныгъэ» псалъэхэр «КIэлъыплъыныгъэ» псалъэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 4-нэ Iыхьэм «ахэр» псалъэм ипэ щигъэувэн «материальнэ къулеигъэхэр икIи» псалъэхэр.
6. 9-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм «кърагъэгъэзэж» псалъэм щыщIыгъужын «материальнэ мылъкухэмрэ» псалъэхэр.
11-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыпIэ самуправленэм и органхэм зэрыщеджэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №76-РЗ-уэ 2008 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) «№131-ФЗ-уэ 2003 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м къыдэкIам» псалъэхэр щыхэгъэкIын, «Урысей Федерацэм», псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм тету» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
12-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ икIи абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэхэм, щIыпIэ самоуправленэм и органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ икIи абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ комиссэхэр къызэрагъэпэщыну икIи абыхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэну къэрал полномочие щхьэхуэхэр етыным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №8I-РЗ-уэ 2008 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 7-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 1-нэ пунктым щIыгъужын «икIи, хуей хъумэ, материальнэ къулеигъэхэр иратыну щIэлъэIуныр» псалъэхэр; 
2) 2-нэ Iыхьэм:
а) 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу щытхын:
«2) къэрал полномочие щхьэхуэхэр пхагъэкIын папщIэ ирата материальнэ къулеигъэхэмрэ финанс Iэмэпсымэхэмрэ фейдэ пылъу икIи зэгъэзэхуауэ къагъэсэбэпыныр къызэригъэпэщыну;»;
б) 3-нэ, 5-нэ пунктхэм «субвенцэхэр» псалъэр «материальнэ къулеигъэхэмрэ финанс Iэмэпсымэхэмрэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
3) 4-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу щытхын:
«4. щIыпIэ самоуправленэм и органхэр хуитщ езыхэм я мылъкур (материальнэ къулеигъэхэр, финанс Iэмэпсымэхэр) федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и уставым къызэрыщыгъэлъэгъуахэм икIи къызэрыщыгъэлъэгъуа щIыкIэм тету къэрал полномочие щхьэхуэхэр пхагъэкIын папщIэ къагъэсэбэпыну.».
2. 8-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 5-нэ пунктым «субвенцэхэр» псалъэр «материальнэ къулеигъэхэмрэ финанс Iэмэпсымэхэмрэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын:
2) 2-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктым «икIи ирата субвенцэхэр зыхуэгъэза мурадым тету къагъэсэбэпыныр» псалъэхэр «,апхуэдэу а мурадхэм хуэгъэзауэ ирата мылъкур къызэрагъэсэбэпым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3.10-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм «Iэпэмсымэхэр» псалъэр «къулеигъэхэр псалъэмкIэ щызэхъуэкIын, «е муниципальнэ мылъкум» псалъэхэр щыхэгъэкIын.
4. 11-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм «хуаутIыпща бюджет мылъкухэр къызэрагъэсэбэпам теухуар» псалъэхэр хуаутIыпщ мылъкур къызэрагъэсэбэпам теухуа» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
5. 12-нэ статьяр мыпхуэдэу тхын:
«12-нэ статья. ЩIыпIэ самоуправленэм и органхэм ирата къэрал полномочие щхьэхуэхэр зэрагъэзащIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэр зэрыкIэлъыплъ щIыкIэр
1. Ирата къэрал полномочиехэр щIыпIэ самоуправленэм и органхэм зэрыпхагъэкIым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм икIи (е) ар абы пщэрылъ зыщищIа органыр кIэлъоплъ щIыпIэ самоуправленэм ирата къэрал полномочиехэр щыпхагъэкIкIэ абыхэм федеральнэ законодательствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэм къигъэувхэм зэрытетым икIи ахэр зэрагъэзащIэр зрагъэщIэн мурадкIэ.
2. Ирата къэрал полномочиехэр пхагъэкIын мурадкIэ хуаутIыпща финанс Iэмэпсымэхэмрэ материальнэ къулеигъэхэмрэ къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъоплъ Урысей Федерацэм и законодательствэм тету.
3. КIэлъыплъыныгъэр ирагъэкIуэкI щIыпIэ самоуправленэм и органхэм ирата къэрал полномочиехэр щыпхагъэкIкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр къапщытэурэ, ирата къэрал полномочиехэр зэрыпхагъэкIым теухуауэ зыхуеину дэфтэрхэмрэ хъыбархэмрэ къыIэрагъэхьэну щIэупщIэкIэрэ, федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ япкъ иткIэ ирата къэрал полномочиехэр зэрыпхагъэкIым теухуауэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэм къулыкъушхуэ щызыIыгъхэм я отчетхэм едаIуэурэ.
4. Ирата къэрал полномочиехэр щыпхагъэкIым щIыпIэ самоуправленэм и органхэм. е абыхэм къулыкъушхуэ щызыIыгъхэм федеральнэ законодательствэр е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэр къызэпаудауэ къахутэмэ, апхуэдэ къызэпыудыныгъэхэр сэтей къэзыщIа къэрал органыр хуитщ ахэр ягъэкIуэдыжыну тхыгъэкIэ яхуигъэлъэгъуэну.
Къахута къызэпыудыныгъэхэр ягъэкIуэдыжыну тхыгъэкIэ хуагъэлъэгъуахэр щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ абыхэм къулыкъушхуэ щызезыхьэхэмрэ фIэкIыпIэ имыIэу ягъэзэщIэн хуейщ.».
6. 13-нэ статьям:
1) 2-нэ Iыхьэм и 3-нэ пунктым «финансхэмкIэ материально-техникэ я лъэныкъуэкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ ирата» псалъэхэр «ягъэзэщIэн папщIэ ирата «финанс Iэмэпсымэхэмрэ материальнэ къулеигъэхэмрэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 4-нэ Iыхьэм «икIи материальнэ къулеигъэхэр псалъэхэр «Iэмэпсымэхэмрэ материальнэ къулеигъэхэмрэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
13-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым зэрадэлажьэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №46-РЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 1-нэ статьям «Урысей Федерацэм» псалъэхэр «цIыхубэ властым зыуэ щыт и лъабжьэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
14-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм депутатым, щIыпIэ самоуправленэ хахам хэтым, щIыпIэ самоуравленэм и къулыкъущIэ хахам я полномочиехэр пхагъэкIынымкIэ щыIэ шэсыпIэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №6I-РЗ-уэ 2009 гъэм дыгъэгъазэм и I-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. зэреджэм «депутатым, щIыпIэ самоуправленэм хаха и органым хэтым, щIыпIэ самоуправленэм и къулыкъущIэ хахам» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2. Преамбулэм къару имыIэжу къэлъытэн.
3. 1-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:
«1. мы Законым еубзыху муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум и полномочиехэр пхигъэкIын папщIэ иIэ шэсыпIэхэр.»;
2) 2нэ Iыхьэм «ЩIыпIэ самоуправленэм хаха и цIыхур» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхур» псалъэхэмкIэ. «депутатым, щIыпIэ самоуправленэм хаха и органым хэтым, щIыпIэ самоуправленэм и къулыкъущIэ хахам я полномочиехэр» псалъэхэр «абы и полномочиехэр псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
4.2-нэ статьям:
1) зэреджэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум псалъэхэр муниципальнэ къулыкъу щызыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) япэ абзацым «ЩIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3) 3-нэ пунктым «депутатым, щIыпIэ самоуправленэм и орган хахам хэтым, щIыпIэ самоуправленэм хаха къулыкъущIэм» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
4) 4-нэ пунктым «депутатым, щIыпIэ самоуправленэм и орган хахам хэтым, щIыпIэ самоуправленэм хаха и къулыкъущIэм» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
5. 3-нэ статьям:
1) зэреджэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр» «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2) 1-нэ Iыхьэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр» «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3) 1-нэ Iыхьэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3) 2-нэ, 3-нэ Iыхьэхэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
6. 4-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
7.5-нэ статьям:
1) «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр «муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 1-нэ Iыхьэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхур» псалъэхэр муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхур» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
3) 2-нэ Iыхьэм «щIыпIэ самоуправленэм хаха цIыхум» псалъэхэр муниципальнэ къулыкъу зыIыгъ цIыхум» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
8. 6-нэ статьям и I-нэ Iыхьэм «(депутат гупым») псалъэхэм «муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм цIыху куэд зыхэт и органым (адэкIэ депутат)» псалъэхэр щыдыщIыгъужын.

Поделиться: