«ЯщетIагъэ» адыгэ фэилъхьэгъуэхэр

УФ-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ. 

КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуаз­джэмкIэ я къэрал музейм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм Мейкъуапэ къыщызэригъэпэщащ «Жылэ Анатолэ. Живопись. Графикэ» зыфIаща выставкэр. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ художникым сурэтыщI гъуазджэм щиIэ ехъу­лIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ.
- Мы выставкэм щIэдзапIэ хуэхъуам и гугъу пщIымэ, ­КъБР-м и Лъэпкъ музейм 2023 гъэм си лэжьыгъэхэр утыку къыщыщисхьам, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ сурэтхэр Мей­къуапэ и музейми щызгъэлъэгъуэну чэнджэщ къызэрызитарт. Абы арэзы сытехъуэри, гъэлъэгъуэныгъэм зы илъэскIэ зыхуэзгъэхьэзыращ. Илъэс зэхуэмыдэхэм сщIа живопись лэжьыгъэу 25-рэ, графикэу - 55-рэ къызэщIеубыдэ мыбы, - жеIэ Жылэ Анатолэ. - 2024 гъэр тезухуащ графикэ лэжьыгъэхэм. Апхуэдэщ Данте и «Божественная комедия» тхыгъэм хуэсщIа сурэтхэр. Абы къыхэщ лIыхъужьхэм адыгэ фэилъхьэгъуэхэр «ящыстIэгъащ». Ахэр етIанэгъэ згъэлъэгъуэну си ­мурадщ. Абы ящыщу 12-р мы выставкэм хэдгъэхьащ. Лохвицкэм и тхыгъэхэм («Громовый гул», «Поиски богов») сурэтибл, Бещтокъуэм и усэхэм 30 тезухуащ. Лэжьыгъэхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIи зэхэзэгъауэ къызолъытэ. Абыхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпсэухэм ялъэгъуа живопись лэжьыгъэхэм ящыщщ «Белое безмолвие», «Одиночество», «Малая Кабарда», «Исход», «Пляска беса» сурэтхэр, «Знаки земли» серием хыхьэхэр. 
Анатолэ и лэжьыгъэхэм Мейкъуапэ щеплъхэм Iэмал яIэщ зэрысабийрэ езым зыщIиша, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ щэнхабзэмрэ къыщигъэлъэгъуа и сурэтхэм зыщагъэгъуэзэну. Ар зыщIапIыкIа адыгэ дунейр, лъэпкъ гупсысэр лIэщIыгъуэкIэрэ мы­кIуэдыжу къызэтенэн папщIэ гъуазджэм зэрыхиухуэнэным хущIэкъуащ. 
Жылэ Анатолэ 1953 гъэм къыщалъхуащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуа­жэм. Тамбовскэ къуа­жэм къыщиухащ курыт еджапIэр. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутым и художественно-графикэ факультетым щеджащ. Ар хэтщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, 1979 гъэм щегъэжьауэ къэралым, республикэм, хамэ щIыпIэхэм щекIуэкIа выставкэ 50-м щIигъум и IэдакъэщIэкIхэр щигъэлъэгъуащ. Къищы­нэ­мыщIауэ, езым и лэжьыгъэхэм хухэха гъэлъэгъуэныгъэу 5 къызэригъэпэщащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ар станковэ, монументальнэ живопись, тхылъ графикэ жанрхэм щолажьэ, ­театр теплъэгъуэхэмрэ телевизионнэ нэтынхэмрэ я декорацэхэр егъэхьэзыр. «Кабардинка» къэ­рал къэфакIуэ ансамб­лым художник-постановщикыу дэлэ­жьащ. Илъэс 20-м щIи­гъукIэ Жылэ Анатолэ иригъэджащ езым къызэригъэпэща сабий студием екIуалIэхэр, сурэтыщI гъуазджэмкIэ лекцэхэм адыгэ­бзэкIи урысыбзэкIи къахуе­джащ. 
Жылэ Анатолэ гъуазджэм триухуа и тхыгъэ купщIафIэхэр къытехуащ республикэм, къэ­ралым къыщыдэкI журналхэм, живописымрэ графикэмкIэ альбомищ къыдигъэкIащ. Адыгэ тхыдэм, лъэпкъ хабзэ­хэм фIыуэ щыгъуазэ сурэты­щIыр пасэу дунейпсо, урыс щэнхабзэхэм дахьэхри иджащ, аращи, уасэншэщ икIи гупсысэшхуэ ящIэлъщ ди блэкIар къызыхэщ и сурэтхэм. И лэжьыгъэхэм щIэ куэд хыболъагъуэ, и псалъэ шэрыуэхэм акъылышхуэ яхэлъщ. 
Анатолэ нэхъыфIу илъагъу тхакIуэхэу, усакIуэхэу Искандер Фазиль, Лохвицкий Михаил, ­Гоголь Николай, Бещтокъуэ Хьэбас, ГубэщIыкI Владимир, Пхъэш МуIэед, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэм, гупсысакIуэхэу Къэзанокъуэ Жэбагъы, Конфуций я жыIэгъуэхэм, псалъэ шэ­рыуэхэм яхуищIа сурэтхэр гъэщIэгъуэнщ, удамыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу. Художникым гу зылъитаращи, а цIыху Iущ­хэм я гупсысэхэр зэтехуэрт, илъэс минитIым щIигъу я зэ­хуакуми. Абыхэм къыхощ Жылэ Анатолэ литературэм лъа­гъуныгъэшхуэ зэрыхуиIэр. Шэч зыхэмылъыжращи, и сурэтхэм я фIыгъэкIэ а тхыгъэхэр тхылъеджэхэм гурыIуэгъуэ тщохъу. Псом хуэмыдэу гъэм и мазэ ­12-м триухуар къехъулIащ. Абы къощ зи гугъу ищI зэманыр сурэтыщIым и нэгу къы­зэрыщIыхьэр. Тхыдэр, гъащIэр, лъагъуныгъэр, дахагъэр, гуп­сысэр къыщыгъэлъэгъуа и лэжьыгъэхэм цIыхухэр дахьэх, абыхэм куэд щызэхэухуэнащ.
Жылэ Анатолэ зэрысурэтыщI IэпщIэлъапщIэм къыдэкIуэуи, жэуаплыныгъэ ин зыхэлъ цIыху гуапэщ. Дэтхэнэ зы адыгэри ирогушхуэ абы лъэпкъым и ­гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъ­хьэныгъэфI зэрыхуищIым, зэ­рызригъэужьым. 
Выставкэр шыщхьэуIум и 25 пщIондэ лэжьэнущ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: