Гуапагъэр псэм къыщегъэуш

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ художник, дизайнер, егъэджакIуэ Аккизов Чэрим и лэжьыгъэхэр. «Насквозь» зыфIаща выставкэр трагъэхуащ сурэтыщIым и ныбжьыр илъэс 50 щрикъум. 
Гъэлъэгъуэныгъэр къыпызыщэщ нэхъапэIуэкIэ художникым и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ бадзэуэгъуэ мазэм Налшык къыщызэрагъэпэща выставкэхэм. Япэр - Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм щагъэуващ. Абы хагъэхьащ илъэс зэхуэмыдэхэм Аккизовым и Iэдакъэ къыщIэкIа графикэ лэжьыгъэхэр. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, утыку къыщрахьат «Связанные истории» зыфIаща етIуанэ гъэлъэгъуэныгъэр. 
Иджырей  «Насквозь» выставкэм хагъэхьащ щIалэгъуалэми нэхъыжьхэми яхуэгъэза лэжьыгъэхэр. Чэрим и сурэтхэм гуапагъэр гум къыщагъэуш, гъащIэм и лъапIэныгъэхэр щыпхышащ, узыгъэгупсысэщ. 
Чэрим и IэдакъэщIэкIхэр зыми яхэгъуащэркъым, ар зи дуней еплъыкIэ, гупсысэкIэ щIэщыгъуэ зиIэж сурэтыщIщи. Графикэм къыдэкIуэу, ар хуэIэзэщ живопись, инсталляцэ, коллаж жанрхэм. Абы и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр щIэщыгъуагъ зэрыхэплъагъуэрщ, цIыхухэм гу зылъыдмытэ куэд и сурэтхэм къызэрытещырщ. 
А лэжьыгъэхэм цIыхупсэм дахагъэр къызэрыщагъэушыр, фIым, гуапагъэм къызэрыхураджэр къыхагъэщащ зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм. Аккизовым фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: