Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №158-ПП-мрэ 2017 гъэм накъыгъэм и 19-м къыдигъэкIа унафэ №91-ПП-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Налшык къалэ №114-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ эвакуацэ комиссэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №158-ПП-мрэ 2017 гъэм накъыгъэм и 19-м «ЦIыхухэр, материальнэ, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр гъэIэпхъуэным и план зэхэлъхьэнымкIэ, ар гъэхьэзырынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №91-ПП-мрэ халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь МуIэед.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм такси псынщIэмкIэ цIыхухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ къызэрыщрашэкIым и IэнатIэм щыщыIэ щIыналъэ къэрал кIэлъыплъыныгъэм (къэпщытэныгъэм) теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Налшык къалэ №115-ПП

«Урысей Федерацэм щыщыIэ къэрал кIэлъыплъыныгъэмрэ (къэпщытэныгъэмрэ) муниципальнэ кIэлъыплъыныгъэмрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №248-ФЗ-уэ 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м къыдэкIам и 3-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и 3-нэ пунктым, «Автомобиль транспортымрэ къалэ щIыщIыIу электрокъару транспортымрэ я устав» Федеральнэ закон №259-ФЗ-уэ 2007 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м къыдэкIам и 3.1-нэ статьям и 10-нэ Iыхьэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм такси псынщIэмкIэ цIыхухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ къызэрыщрашэкIым и IэнатIэм щыIэ щIыналъэ къэрал кIэлъыплъыныгъэм (къэпщытэныгъэм) теухуа Положенэр къэщтэн.
2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм такси псынщIэмкIэ цIыхухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ къызэрыщрашэкIым и IэнатIэм щыIэ щIыналъэ къэрал кIэлъыплъыныгъэм (къэпщытэныгъэм) теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа унафэ №215-ПП-м («Официальная Кабардино-Балкария», 2021, №43) къару имыIэжу къэлъытэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь МуIэед.

 

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и II Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м Налшык къалэ №121-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м къыдигъэкIа унафэ №86-ПП-мкIэ къащтам и II Iыхьэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) япэ абзацыр мыпхуэдэу тхын:
«къэрал программэр гъэзэщIэным и IэнатIэм теухуа къэрал политикэм япэ щрагъэщхэр къыщыгъэлъэгъуащ Урысей Федерацэм и Президентым «Урысей Федерацэм Лъэпкъ шынагъуэншагъэр зыщытет стратегием и IуэхукIэ» 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа Указ №400-м, «КъадекIуэкI урысей хэкупсэ-нэмыс лъапIэныгъэхэр хъумэным икIи гъэбыдэным теухуа къэрал политикэм и лъабжьэхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №809-м, «2030 гъэм нэсыху икIи адэкIэ 2036 гъэм къызэщIиубыдэу Урысей Федерацэм игъуэтыну зыужьыныгъэр зыхуэгъэза лъэпкъ мурадхэм я IуэхукIэ 2024 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №309-м».»;
б) Еханэ абзацым щIыгъужын мыпхуэдэу тха абзацхэр:
«къадекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэныр икIи гъэбыдэныр, ахэр зы щIэблэм къыбгъэдэкIыу къыкIэлъыкIуэ щIэблэм хуэкIуэныр къызэгъэпэщыныр;
къызэпыудыныгъэ идеологием зиубгъуным пэщIэтыныр;».
2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: