Дызэхъуапси щыIэщАдыгей къуэш республикэм анэдэлъхубзэм и къарур ямыгъэкIуэщIыным зэрыщелIалIэ Iэмалхэм уадэплъеину зыхуэфащэ щапхъэхэр щымащIэкъым. ШыщхьэуIум и I-м абы щызэхэтащ щIыналъэм и лIыщхьэм къедзауэ лажьэ, Адыгэбзэр хъумэнымкIэ советым и зэIущIэ. Республикэм адыгэбзэр хъума щыхъун папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIу, япэу утыкум къыщыпсэлъащ Адыгейм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пэрэныкъуэ Сусаннэ. Анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыжын зэрыхуеймкIэ, ар зэзыгъэщIэну хуейхэм ядэлэжьэф егъэджакIуэхэр зэрымащIэмкIэ, сабийхэр цIыкIу щIыкIэ бзэм зэрыдегъэхьэхыпхъэмкIэ къригъажьэри, Сусаннэ яхузэфIэкIахэмрэ зи ужь итхэмрэ къигъэнэIуащ. Мы зэманым Адыгейм ит сабий IыгъыпIэхэм ящыщу 51-м адыгэбзэ щрагъэдж. Зэрыхъум еплъыну, бзэм и IуэхукIэ «пилот проект» жыхуаIэр къагъэщхьэпэ, эксперимент хуэдэу ирашэжьауэ. Абы ипкъ иткIэ, сабий IыгъыпIэ 36-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэр адыгэбзэкIэ щрагъэкIуэкI. Республикэм ит школхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я процент 60-м адыгэ тхыбзэмрэ литературэмрэ щадж. «Пилот проектхэм» хыхьэу, школиплIым ди бзэм и Iуэхум нэхъ куууэ щабгъэдохьэ. Курыт школхэм къэралым къабыл ищIа, 1-11- нэ классхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэдж тхылъхэмрэ 5-11 классхэм адыгэ литературэм ейхэмрэ къыщагъэсэбэп. 1-4-нэ классхэм анэдэлъхубзэр зэраджынухэмрэ 4-7-нэ классхэм папщIэ «Хэкум и тхыдэр. Адыгэ республикэ» тхылъхэмрэ ягъэхьэзыращ. Адыгэбзэм и пщIэр нэхъ лъагэу къаIэтын, ар езыгъэджхэм лэжьыгъэм я лъэр хущIагъэкIын папщIэ, темэ щхьэхуэхэм яхухэха зэпеуэхэр, олимпиадэхэр, усакIуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм щахуэзэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэри ирагъэфIакIуэ. 2022 гъэм щегъэжьауэ «Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ нэхъыфIу ябгъэдэзылъхьэ егъэджакIуэ» зэхьэзэхуэр йокIуэкI. Адыгэбзэр сабий IыгъыпIэхэм зэрыщрагъэджым теухуауэ къэпсэлъащ Теучэж районым хыхьэ «Насып» сабий сад №1-м и унафэщI ЕмтылI Риммэ. «Насып» сабий IыгъыпIэр адыгэбзэр нэхъ куууэ егъэджыным хуэунэтIауэ зэхаубла проектыщIэм япэу хыхьауэ аращ. 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ ар яхэтщ «Щэнхабзэ зыбжанэ щызэрахьэ щIыпIэм щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ бзэ зыбжанэкIэ щетын» проектым елэжьхэм. Абы сабий IыгъыпIэм екIуалIэ гуп 12 хохьэ. ЩIэныгъэр зэрыратыр джэгукIэ жыпхъэм итущ, цIыкIухэр жыджэру зыхэт, зыгуэрхэр къыщагупсыс къэхутэныгъэхэм драгъэхьэхыу. Садым театр студие щолажьэ, адыгэбзэкIэ теплъэгъуэхэр щагъэуврэ къыщагъэлъагъуэу. Къафэри джэгури зэдагъэлажьэурэ, бзэри, пасэрей хабзэжьхэри, дауэдапщэхэри сабийхэм ирагъащIэ. КъинэмыщIауэ, адыгэбзэщ зэрыщыпсалъэр сурэтым, макъамэм, пластилин зэгъэпщIыным епха дерсхэм. Адыгэ къафэмрэ спортымрэ ятеухуахэм адыгэ джэгукIэхэр щызрагъащIэ, лъэпкъ музей цIыкIуи яIэщ. Проектым и IуэхущIапIэр Адыгейм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щыIэщ. Абы и лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм. IуэхущIапIэм адыгэбзэр егъэщIэнымкIэ курсхэр къызэрегъэпэщ, щIалэгъуалэр зрагъэблагъэ «ХьэщIэщ» стIол хъурейр щIэх-щIэхыурэ зэхашэ. Каменномостскэ къуажэм «Адыгэ хабзэ» лагерь щолажьэ. Абы йокIуалIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Псыжь Iуфэми къикIа хьэщIэхэр. Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я бынхэр илъэс блэкIам къэкIуа нэужь, лагерым и лэжьыгъэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ. Ардыдэм хуаунэтI мы гъэм къызэIуаха «Адыгэленд» бзэ-лъэпкъ лагерри. Ар мы гъэм етхуанэу Адыгэ университетым къызэригъэпэщащ. Лагерым и ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьащ адыгэ филологиемрэ литературэмкIэ кафедрэм и декан Ахъмэт Джульеттэ. Къумпыл Мурат и унафэкIэ зэIущIэр зэхэзыша, Адыгейм и Правительствэм и унафэщI КIэрашэ Анзор къыхигъэщащ республикэм и лIыщхьэм бзэр хъумэным епхауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэрагъэуIуным къызэрыхуриджэр. ЕгъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ, къулыкъущIэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ ялъэкI къагъанэ зэрымыхъунумкIэ, бзэм и щытыкIэр къызыфIэIуэху дэтхэнэ зы цIыхуми дэIэпыкъун зэрыхуеймкIэ псори зэакъылэгъу хъуащ. «Бзэ зыбжанэ зэуэ щрагъэдж сабий IыгъыпIэхэр нэхъыбэ щIын хуейщ, адэ-анэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм абыхэм я мыхьэнэр къагурымыIуэу хъунукъым. Дэ ди къалэнщ сабийхэм адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу , я щэнхабзэр яджыну хуейуэ къэдгъэтэджыныр. Ар зрагъэщIэным тедгъэгушхуэфмэ, яфIэфIыпсу яджынущ», - жиIащ КIэрашэм. Адыгэбзэр щадж дерсхэм я бжыгъэр фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ нэхъ мащIэ зэрамыщIынум и хъыбар зэбгритыкIащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм. Къэбэрдей-Балъкъэрми адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ щаIа сыхьэт бжыгъэр къахуэнэжынущ, ауэ япэ классым щIэсхэм ейр джэгукIэ IэмалкIэ, классым щIэмысу ирагъэкIуэкIыну аркъудейщ: псысэхэр, уэрэдхэр, творческэ джэгукIэхэр щынэхъыбэу. «Адэ-анэхэр иремыгузавэ», - жаIэ хъыбарыр зэбгрызытыкIахэм, ауэ ахэр анэдэлъхубзэм и IуэхукIэ гузавэу щытамэ, я бынхэм адыгэбзэкIэ епсэлъэнт, щытыкIэри нобэрейм хуэкIуэнтэкъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 10:52 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УКАЗ
04.03.2026 - 11:15 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иУказ
04.03.2026 - 10:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.03.2026 - 11:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
03.03.2026 - 10:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэтащхьэм и Унафэ
| ||




