Гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIын папщIэХабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и иужьрей хъыбархэм щыгъуазэ фыдощI. *** Шэшэн Республикэм и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и зэхуэс. Ар иригъэкIуэкIащ Шэшэным и унафэщIым и чэнджэщэгъу, республикэм и муфтий, зи гугъу тщIа IуэхущIапIэм и унафэщI Межиев Сэлахь-хьэжы. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу муслъымэнхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри зыгъэбыдэну Iуэхугъуэхэм, зэфIагъэкIыну я мурад псапащIэ проектхэм. ЗэIущIэм советым и зэхэтыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ, щIэуэ унэтIыныгъэ зыбжанэ къыхагъэхьащ. ФэтуэхэмкIэ совет, Эксперт совет, ТыгъэхэмкIэ комиссэ, Кавказ Ищхъэрэм ислъам щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ и совет, ЗэфIэнахэр зэзыгъэкIуж совет хуэдэхэм къапэщылъ къалэнхэм тепсэлъыхьащ. КИФЩI-м хиубыдэ республикэхэм ящыщу, а советхэм хэтхэм я лэжьыгъэр яубзыхуащ. Межиев Сэлахь-хьэжы къыхигъэщащ хабзэкIэ къекIуэкI ислъам диным и лъапIэныгъэхэр хъума хъун папщIэ, псоми я лэжьыгъэр зэрагъэуIун зэрыхуейр. «Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм и щIалэгъуалэр гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIын папщIэ», - жиIащ Межиевым. *** КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту лажьэ «Гъэмахуэ курс-2025» дерсхэм щеджэхэр, Мэжджыт нэхъыщхьэм щылажьэ егъэджакIуэхэр я гъусэу, КъБР-м и Лъэпкъ музейм щыIащ. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ пасэрей мэкъумэш Iэмэпсымэхэр, тхыдэ фэеплъхэр, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ирагъэдэIуащ. НыбжьыщIэхэм я нэгу щIэкIар гукъинэж ящыхъуащ. *** «Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым шыщхьэуIум и 9 - 16-хэм щызэхэтащ «ЕхъулIэныгъэм хуэунэтIащ» щIалэгъуалэ зэхуэс. Программэм хеубыдэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым епха Къэрал сабий советым хэту зи ныбжьыр илъэс 14 - 17 ирикъуахэр. А дауэдапщэм и зы Iыхьэт «Псэкупсэ» зыфIаща зэхуэсу дин лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIар. Абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь Сыжажэ Алим. Дин лэжьакIуэм «Псэкупсэ гъэсэныгъэмрэ цIыхухэр зэдэIэпыкъужу псэунымрэ диным щиубыд мыхьэнэм» псалъащхьэм щIэт и къэпсэлъэныгъэр утыку кърихьэри, къызэхуэсахэм я упщIэхэми жэуап иритащ. *** Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым очнэуи заочнэуи щеджэну, «дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ», «теологие» IэщIагъэхэм я дипломыр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм папщIэ къэпщытэныгъэхэр екIуэкIащ. Экзаменхэм хеубыдэ жэуап хьэзырхэм пэжыр къыхэхын щыхуей «тестхэр», щIэныгъэр къызэрапщытэ тхыгъэ, егъэджакIуэм епсэлъэныгъэ. КъинэмыщIауэ, университетым щIэтIысхьэхэр я къурIэн къеджэкIэмрэ ислъам диным и тегъэщIапIэхэм зэрыхащIыкIымкIэ ягъэунэху. Комиссэм хэтащ еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэу КIэрэф Жамболэт, НэщIэпыджэ Мухьэмэд, ПщыхьэщIэ Iусамэ сымэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэну хэта цIыху 60-м ящыщу пхыкIахэр шыщхьэуIум и 15-м къагъэнэIуащ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




