Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ къищта языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм фокIадэм и 30-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ къыдигъэкIа Указ № 142-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн етIуанэ, ещанэ, еплIанэ абзацхэр мыпхуэдэу тхауэ: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэм ехьэлIауэ нэгъуэщI федеральнэ законхэм къыщымыгъэлъэгъуахэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъухэм яубыдыну хущIэкъу цIыхухэм езыхэм я хэхъуэхэм, ябгъэдэлъ мылъкум, мылъку и лъэныкъуэкIэ я пщэ далъхьэжа къалэнхэм теухуащ; Урысей Федерацэм и законодательствэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэм ехьэлIауэ нэгъуэщI федеральнэ законхэм къыщымыгъэлъэгъуахэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм я хэхъуэхэм, хэщIхэм, ябгъэдэлъ мылъкум, мылъку и лъэныкъуэкIэ я пщэ далъхьэжа къалэнхэм теухуащ; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэм ехьэлIауэ нэгъуэщI федеральнэ законхэм къыщымыгъэлъэгъуахэр зыIыгъ цIыхухэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм папщIэ коррупцэм пэщIэтын мурадкIэ хуагъэува паубыдхэм, мардэхэм, къалэнхэм зэрытетым теухуащ;».
3. Коррупцэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ ягъэува пэубыдыныгъэхэм, хуит зэрамыщIхэм зэрытетым къэпщытэныр пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэм икIи коррупцэм пэщIэтыным и IэнатIэм къыщагъэсэбэп «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ ягъэува паубыдэм, хуит зэрамыщIхэм, къалэнхэм зэрытетыр къапщытэну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм шыщхьэуIум и 24-м «Коррупцэм пэщIэтыным и IэнатIэм «Посейдон» къэрал информацэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэмрэ абы ирилэжьэну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр къэщтэнымрэ я IуэхукIэ къыдигъэкIа Указ №83-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) коррупцэм пэщIэтыным и IэнатIэм къыщагъэсэбэп «Посейдон» къэрал информацэ Iэмэпсымэм игъэува пэубыдыныгъэхэм, хуит зэрамыщIхэм. къалэнхэм зэрытетыр зэхагъэкIыну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зыхуэдэм и 2-нэ пунктым «унафэщIым и къуэдзэр» псалъэхэр «унафэщIыр» псалъэмкIэ щызэхъуэкIын; б) коррупцэм пэщIэтыным и IэнатIэм къыщагъэсэбэп «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ ягъэува пэубыдыныгъэхэм, хуит зэрамыщIхэм, къалэнхэм зэрытетыр къэпщытэныр пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зыхуэдэм и 2-нэ пунктым «унафэщIым и къуэдзэр» псалъэхэр «унафэщIыр» псалъэмкIэ щызэхъуэкIын. 4. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2025 гъэм шыщхьэуIум и 22-м №90-УГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




