Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

«ЩэкIуэнымрэ къащэкIу къулеигъэхэр хъумэнымрэ икIи Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр  хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №209-ФЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIам и 24-нэ, 33-нэ, статьяхэм, Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэр  зыгъэув  тхылъхэр зэрагъэхьэзыр    къызэращтэ ЩIыкIэм икIи абы итхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа псэущхьэхэмрэ  зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэ  ЩIыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ» 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №98I-м япкъ иткIэ икIи Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм  хуагъэув мардэхэр зэгъэкIуэным и IуэхукIэ» 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м къигъэхьа письмо №03-29-29/36343-р, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщакIуэ и щIыпIэхэм 2025 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм шыщхьэуIум и I-м нэс дэлъ лъэхъэнэм къащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэмрэ квотэхэмрэ я проектым» и материалхэр къэрал экологие экспертизэ зыщI эксперт комиссэм игъэувахэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2025 гъэм шыщхьэуIум и 22-м къыдигъэкIа унафэ №I93/ОД-р къэлъытауэ:
I. ЯщIыгъухэр къэщтэн:
федеральнэ мыхьэнэ зиIэ щIыуэпс щIыналъэхэу  хэхауэ яхъумэхэм щыIэ къащэкIу къулеигъэхэр хэмыту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу къащэкIунухэм я мардэр 2025 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм шыщхьэуIум и I-м нэс  дэлъ лъэхъэнэм тещIыхьауэ гъэувын;
 2025 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм шыщхьэуIум и I-м нэс яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэ  щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу къурш бжэну къащэкIунум я  квотэхэмрэ зыхуэдизымрэ;
2025 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм шыщхьэуIум и I-м нэс дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэ щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу уашхэу къащэкIунум я  квотэхэмрэ ар зыхуэдизымрэ.
Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев И.П. ( тел. (8662)  74-05-06).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм фокIадэм и 3-м
№152-РГ
Поделиться: