Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэ зэрырат щIыкIэм теухуа Положенэм и II Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

2025 гъэм шыщхьэуIум и 28-м Налшык къалэ №137-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
I. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэ зэрырат щIыкIэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I3 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыдигъэкIа унафэ №I64-ПП-мкIэ къащтам и II Iыхьэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэр къэщтэн.
2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ икIи ар ялъоIэс 2025 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыщыщыщIэдзауэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэм я реестрыр зэрырагъэкIуэкI ЩIыкIэр къэщтэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
  Унафэ
2025 гъэм шыщхьэуIум и 28-м Налшык къалэ №135-ПП

Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 87-нэ статьям и 4-нэ пунктым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бюджет ухуэкIэмрэ бюджет Iуэхумрэ зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №II-РЗ-уэ 20II гъэм мазаем и 7-м къыдэкIам и 9-нэ статьям япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
I. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэм я реестрыр зэрырагъэкIуэкI ЩIыкIэр къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФинансхэмкIэ и министерствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэм я республикэ реестрыр зэтеухуэныр икIи егъэкIуэкIыныр пщэрылъ зыщащIа органу гъэувын .
3. Къару ямыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэхэу:
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэм я республикэ реестрыр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм и IуэхукIэ» 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа Унафэ №200-ПП-м («Кабардино- Балкарская Правда», 2007 гъэм, №250-25I);
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа унафэ №20-ПП-м къыщыгъэлъэгъуа Iуэху щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным теухуауэ» 20I8 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №29-ПП-м («Официальная Кабардино- Балкария», 20I8, №9).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм теухуа Положенэм и 4-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
  Унафэ

2025 гъэм шыщхьэуIум и 28-м Налшык къалэ №I36-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
I. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I6 гъэм гъатхэпэм и I-м къищта унафэ №22-ПП-м и 4-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн мыпхуэдэу тха 4.54-I0-нэ пункт къуэдзэр щIыгъужауэ:
«4.54-I0 жылагъуэ хабзэр яхъумэн икIи жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын папщIэ Урысей Федерацэм и законодательствэм пщэрылъ ящищIахэр ягъэзэщIэн мурадкIэ ирагъэкIуэкIыну къэгъэлъэгъуэныгъэхэр зытеухуам, ахэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэм, махуэм, зэманым, абыхэм екIуэлIэну къалъытэхэр зыхуэдизым, гъэлъэгъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ жылагъуэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрызэрагъэпэщыну хабзэхэу Урысей Федерацэм и Правительствэм игъэувахэм тету жылагъуэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщын папщIэ ялэжьыну я мурадхэм теухуауэ къэрал кIуэцI органхэм, къегъэщIылIа органхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ хъыбар ирагъащIэ ахэр щрагъэкIуэкIыну махуэр къэсыным махуипщI нэхърэ нэхъ мащIэ имыIэжу е гъэлъэгъуэныгъэр зэрырагъэкIуэкIынум нэхъ пIалъэ кIэщIым щыгъуазэ ящIамэ е ар зытеухуауэ щытар, щрагъэкIуэкIыну щIыпIэр, махуэр, зэманыр зэрахъуэкIамэ е ар ирамыгъэкIуэкIынумэ- икIэщIыпIэкIэ;».
2. Мы унафэм и I-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа полномочиехэр пхагъэкI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм я лэжьакIуэхэм я бжыгъэу икIи абыхэм я лэжьапщIэм и фондыр зыхуэдизым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм игъэувам, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым пщэрылъ ящищIахэр ягъэзэщIэн папщIэ яхухиха бюджет ассигнованиехэм щIимыгъуу.
 Мы унафэм къару егъуэт 2025 гъэм фокIадэм и I-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: