Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УнафэГерхожан-Су псым и псыхъуэм дэлъэда ятIэпс къехахэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжыным теухуауэ гъэтIылъыпIэ зимыIэ зэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIам къыхэкIыу «ЦIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ щIыуэпс, техноген нэщэнэ зиIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм ящыхъумэным и IуэхукIэ Федеральнэ закон №68-ФЗ-уэ 1994 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIам, Урысей Федерацэм и Правительствэм «КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным икIи апхуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным хуэгъэзауэ щыIэ зыуэ щыт къэрал лъабжьэм и IуэхукIэ» 2003 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа унафэ №794-м япкъ иткIэ: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным икIи апхуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным хуэгъэзауэ щыIэ зыуэ щыт къэрал лъабжьэм и щIыналъэ къудамэм и къарухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ папщIэ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и Тырныауз къалэм и щIыналъэм щIыналъэ нэщэнэ иIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыдигъэкIа унафэ №130-РГ-мкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я хабзэу щагъэувар 2025 гъэм фокIадэм и 10-м сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 00-м къыщыщIэдзауэ щымыгъэIэжын. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ икIи апхуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ щыIэ зыуэ къэрал лъабжьэм и щIыналъэ къудамэм къарухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ папщIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэм и щIыналъэ нэщэнэм и хабзэр щымыгъэIэжын. 3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыдигъэкIа унафэ №130-РГ-м къару имыIэжу къэлъытэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2025 гъэм фокIадэм и 9-м №159-РГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




