Гъуэгу захуэр наIуэщ

Налшык дэт «Азимут» зыгъэпсэхупIэм фокIадэм и 16-м щызэхэтащ щIыналъэ зыбжанэм зэдай зэхуэсышхуэ: «Ислъам диныр хабзэ хъуауэ зытет мэсхьэбхэр зэIузэпэщыгъэм и лъабжьэщ». Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м и муслъымэнхэм я  дин IуэхущIапIэм,  Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту.             

Къэрал къулыкъущIэхэр, муслъымэн дин щызэрахьэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, диным хуеджэ студентхэр къеблэгъат «Мэсхьэбым къыщхьэщыжхэр» проектым и япэ Iыхьэ хъуа

зэхуэсым. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и муфтийм и къуэдзэ, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ ислъам университетым и егъэджакIуэ Сыжажэ Алим.

«Ди зэхуэсым щхьэусыгъуэ хуэхъуар дызэрыт зэманым цIыхухэм я гупсысэкIэр ягъэутхъуэным, мамырыгъэр къагъэтIэсхъэным хущIэкъу куэд зэрыщыIэрщ, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм Сыжажэ Алим. – Урысейм ис муслъымэнхэр ижькIэ зытет хьэнэфий мэсхьэбым зыщIэдгъэкъуэн папщIэщ мыр щIызэхэтшар, апхуэдэ щIыкIэу зыр адрейм драуштын папщIэ, диныр  къэзыгъэщхьэпэну хэтхэм яхуэфэщэн жэуап еттыжу. «Мэсхьэбым къыщхьэщыжхэр» зыфIэтща проектымкIэ ди къэралым и зэIузэпэщыгъэр, абы щыпсэу цIыхухэм я гупсысэкIэм и къабзагъэр къэтхъумэнырщ ди плъапIэр. Хьэнэфий мэсхьэбым и мыхьэнэр къэгъэщIэрэщIэжынри абы къыщхьэщыжынри а мурадым и зы Iыхьэщ. ЦIыхуищэм нэс къызэщIэзыубыдэ нобэрей зэхуэсыр проектым и япэ лъэбакъуэщ, абы къыкIэлъыкIуэнущ щIэныгъэ щызэIэпах дерсхэмрэ зэхуэсхэмрэ, псори зэхэту цIыху 300-м нэс хедгъэубыдэу, район щхьэхуэхэм семинари 10-м нэс щедгъэкIуэкIынущ».

Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Мисиров Хъызыр и фIэхъус псалъэм къыщыхигъэщащ щIалэгъуалэм я акъылыр зыгъэутхъуэ «щихъхэр» интернетым изу зэритыр. Ди бийхэм ягъэхьэзыр апхуэдэ цIыхухэм ислъамым и лъабжьэр щIаудын мурад фIэкIа яIэкъым. Пэжщ, мэсхьэб зыбжанэ щыIащ диныр къыщежьам щыгъуэ, ауэ лъабжьэрэ тегъэщIапIэрэ хъуар нобэ зетхьэ мэсхьэбиплIырщ, абыхэм дытекIмэ, дыгъуэщэну аращ.   Мисировым къыхигъэщащ Урысейм ис муслъымэнхэм диIэ хуитыныгъэм хуэдиз хьэрып къэралхэм нэгъунэ зэрамыIэр. Ди къэралым дин IуэхукIэ илъ зэIузэпэщыгъэр къагъэтIэсхъэныр яхуэддэ хъунукъым, щIалэгъуалэри зэмыдэIуапхъэм емыдэIуэным хуэдущиин хуейщ.

Зэхуэсым егъэблагъэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым и федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур. Чайкэ Юрий и фIэхъус къызэхуэсахэм ярихыжа нэужь, абы къеблэгъахэм фIыщIэ яхуищIащ, къаIэта Iуэхум мыхьэнэ ирату, гъуэгу зэрызэпачам папщIэ. Апхуэдэ дыдэ фIыщIэкIэ КъуэщIысокъуэм захуигъэзащ форумыр къызэзыгъэпэщахэми.

АдэкIэ утыку псалъэр къищтащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт. «Мыбдежым къыщыфIэта темэр игъуэ дыдэщ, - жиIащ къулыкъущIэм. – Нобэ интернетым уихьэмэ, «нэмэзыр пцIыуэ фощI», «Алыхьым пхэнжу фолъэIу», «апхуэдэукъым муслъымэнхэр зэрыщытын хуейр» жызыIэхэр  вагъуэм япэбжу апхуэдэщ. Дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэ лъандэрэ, ахэр нэхъри нэхъыбэ мэхъу. Я мурадри гурыIуэгъуэщ: муслъымэнхэр хуиту щыпсэу ди къэралыр зэпкърагъэхунырщ, лъэпкъ дыкъызыхэкIахэмрэ дызытет динхэмрэ яхудиIэ фIэлIыкIыр къагъэщхьэпэу, ди зэхуакум мафIэ къыдадзэнырщ. Абыхэм япэщIэдгъэувэну диIэр зы Iэмал  закъуэщ – щIэныгъэрщ».

 Зэхуэсым псори зэхэту цIыху I6 къыщыпсэлъащ, дэтхэнэ зыми жиIар газет IэмалкIэ убгъуауэ къытхуэгъэлъэгъуэжыну къыщIэкIынкъым, ауэ къаIэта Iуэхум теухуауэ псоми гууз-лыуз зэраIэр наIуэт. Ар къыхэщащ утыку къихьа хьэщIэхэм жаIахэми. Ахэр Къалмыкъ республикэм къикIа нэхъыжьыфI, муфтийм и къуэдзэ Зияутдинов Рэджэб, Осетие ИщхъэрэАлание республикэм и муфтийм и къуэдзэ Аршиев Батрэз, КъШР-м и муфтийм и къуэдзэ Апсов Анзор, Кисловодск и раис-Iимам Бердиев Мурат, Хасавюрт къалэм и Iимамхэм я советым и унафэщI Магомедов Магомед, Адыгэ республикэмрэ Краснодар краймрэ я муфтийм и къуэдзэ Хъущт Мурат, Иордание къэрал университетым и магистрант Алий Руслан сымэщ. Дэтхэнэ зыри мы зэхуэсым къыщаIэта Iуэхум теухуауэ я щIыпIэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм кIэщIу тепсэлъыхьащ, диным къебгъэрыкIуэхэм пэбгъэувын зэкъуэтыныгъэм нэхърэ нэхъ IэмалыфI зэрыщымыIэр къыхагъэщащ.      

Хьэнэфий мэсхьэбым и тхыдэм, и тегъэщIапIэхэм, ар зэфIэувэн папщIэ къаруушхуэ  зэрытекIуэдам тепсэлъыхьащ Налшык щыщ дин щIэныгъэрылажьэхэр. «Мэсхьэбым утетыным и мыхьэнэр» зи фIэщыгъэ къэпсэлъэныгъэкIэ утыку къихьа Джэдгъэф Аслъэн  къыхигъэщащ дин зезыхьэ цIыхум ущиякIуэ игъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. «Езы диныр къытхуэзыхьа Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам ДжэбрэIил мелыIычыр ущиякIуэу къыхуигъэкIуат. Дэ дауэ «сэ езым псори къызгуроIуэ» зэрыжытIэнур? Ди япэ итахэм пхаубыкIа гъуэгум дытеплъэкъукIмэ, дыгъуэщэнущ, ар щIэрыщIэу къызэIухыжын хуэмейуэ, гъуэгу нэхущ, захуэщ, тыншщ, абы делъэпауэ хъунукъым», - жиIащ Джэдгъэфым.

 ЩIэщыгъуэу, купщIафэу, щIэныгъэ тегъэщIапIэхэм яхуэкIуэ щапхъэкIэ и псалъэр гъэнщIауэ, зэхуэсым и кIэухым утыкум къыщыпсэлъащ КъБР-м и муфтийм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и къуэдзэ КIэрэф Жамболэт. Псэлъэн щыщIидзэм, Жамболэт къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс ипэкIэ мыпхуэдэ дыдэ зэхуэс зэрекIуэкIар. «Абы щыгъуэм псалъэ къыщызатым,  жысIат: «Фигу иримыхьхэр нэхъ мащIэ хъуну фыхуеймэ, сом мелуан къызэфти, сэ зыгуэр фхуесщIэнщ. Арати, зэхуэс нэужьым министрыр къызэджэщ, улэжьэнумэ, мис мыр Iэмалщ жиIэри, мы проектыр зэрызэфIэтхыну гъуэгум дыхуиунэтIащ. Абы лъандэрэ, Iэмал нэхъыбэ диIэщи, Алыхьыр арэзы къахухъу».

КIэрэфым и къэпсэлъэныгъэр теухуат мэсхьэб кIуэдыжахэм я тегъэщIапIэхэр нобэрей IуэхукIэ къэбгъэщхьэпэ зэрымыхъунум, сыту жыпIэмэ, абыхэм я пэжыпIэр зэхэбгъэкIыну Iэмал куэд щыIэкъым. «Мыпхуэдэ Iимамым мыпхуэдэ еплъыкIэ иIэщ жаIэри, мыхъуну гуэр яукъуэдийуэ къаублащ, ипэ псэуахэм я цIэхэр къраIуэу. Ауэ, япэрауэ, апхуэдэу а Iимамым жиIарэ жимыIарэ зэхэбгъэкIыну гугъущ. ЕтIуанэу, жиIэпауэ щытми, ар абы зыхужиIа псэукIэмрэ щыжиIа щIыпIэмрэ, зытеухуа цIыхухэмрэ дэ дэмыщхьынкIи мэхъу, абы къыхэкIыу, дэ ар гъуазэ тщIы хъунукъым».

 

     ЧЭРИМ Марианнэ.

       

Поделиться: