Балигъи сабии зэдагъэлъапIэ

Нартан къуажэм и «Псынэ» сабий гъэсапIэм гукъинэжу щагъэлъэпIащ Адыгэхэм ди махуэр. 
IуэхущIапIэм щагъэуващ адыгэ тхылъхэр, махуэшхуэм теухуауэ ящIа сурэтхэр, лъэпкъым къыддекIуэкI хьэпшыпхэр. 
Зэхыхьэр ягъэхьэзыращ IуэхущIапIэм и гуп нэхъыжьхэм я гъэсакIуэхэу ДыщэкI Данэрэ Жамборэ Аринэрэ, физкультурэмкIэ егъэджакIуэ Жаным Аксанэ я гъусэу. Ар иригъэкIуэкIащ макъамэмкIэ унафэщI БатI Иннэ. 
Махуэшхуэм хуагъэхьэзырат хыхьэу Адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, къафэхэм щIэблэр хэзыгъэгъуазэ дерсхэр. Лъэпкъ фащэ екIу зыщыгъ ныбжьыщIэхэр усэ къеджащ, уэрэд жаIащ, лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыщ зэрапщэфIым кIэлъыплъащ, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я гугъу хуащIащ. Сабийхэр хэтащ «Шу», «Бэлътоку кIэщIэдзэ» адыгэ джэгукIэхэм хэтащ. Анэхэр хашащ «Псы къуий» джэгукIэм. 
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ «Псынэ» сабий гъэсапIэм и унафэщI ДыщэкI Заринэ. Абы къыхигъэщащ адыгэм и тхыдэр щIэблэм ящIэн, абы иригушхуэн, я анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, лъапIэныгъэхэр яхъумэн зэрыхуейр. Ар я гъэсэнхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ мамырыгъэ, узыншагъэ, зыужьыныгъэ, ехъулIэныгъэ яIэну.
Махуэшхуэр екIуу, гукъинэжу ягъэлъэпIащ. Абы хэта балигъи сабии ар гукъинэж зэращыхъунум шэч хэлъкъым.
   
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: