Сабийхэр махуэшхуэмкIэ ягъэгушхуэу

Налшык къалэм и «Насып» (унафэщIыр Джэдгъэф Анжелэщ) сабий гъэсапIэм щагъэлъэпIащ Адыгэхэм ди махуэшхуэр. 
Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Нэгъуей Мэрьят. Абы хэтащ IуэхущIапIэм курыт еджапIэм сабийхэр щыхуагъэхьэзыр №2-нэ, №4-нэ гупхэм екIуалIэ цIыкIухэр. Ахэр игъэхьэзыращ макъамэмкIэ я унафэщI Пщыгъусэ Оксанэ.
ДжэгукIэ, упщIэ-жэуап щIыкIэм тету сабийхэр хагъэгъуэзащ Адыгэм и махуэм и къежьапIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэныбжьэгъугъэ яку дэлъу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыпсэум, ди хабзэ дахэхэм, хьэщIэр зэрагъэлъапIэм, адыгэ унагъуэм и щыIэкIэ-псэукIэм. Лъэпкъ шхыныгъуэхэм, пасэрей хьэпшыпхэм, кхъуей хэхыкIэмрэ ар зэрахъумэмрэ хагъэгъуэза, кIэлъагъэплъа къудей мыхъуу, езыхэми зыгуэрхэр ирагъэщIащ. Сабийхэм ялъэгъуамрэ зэхахамрэ къапщытэж щIыкIэу, яхэупщIыхьати, ахэр темыхьэулеикIыу Iуэхум гупсэхуу зэрыхэтар нэрылъагъу къэхъуащ. АдэкIэ щIагъэдэIуащ фIэхъус хыкIэхэм, псалъэжьхэм, хъуэхъухэм. ЩIэблэм анэдэлъхубзэр ящIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ мыпхуэдэ Iуэхухэм. КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсым щIакхъуэзэтеупIэщIыкI зэращIыр сабийхэм ирагъэлъагъуну къагъэгугъащ. Зэхыхьэм жыджэру хэта цIыкIухэм яхуэупсащ саугъэтхэмкIэ. 
ЗэIущIэр щиухым, махуэшхуэхэм зэрыщыхабзэу, адыгэ джэгур яублащ. ГъэсакIуэхэу Уэзрокъуэ Иннэрэ Алъэсчыр ФатIимэрэ, сабийхэм, къафэ дахэхэр ягъэзэщIащ. Шэч хэлъкъым махуэшхуэр зэрагъэлъэпIар сабийхэм гукъинэж зэращыхъунум. 
 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: