Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм балигъ мыхъуахэм ядэIэпыкъунымкIэ икIи якIэлъыплъынымкIэ къэрал полномочие щхьэхуэхэр етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №24-РЗ-уэ 2008 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдэкIам ипкъ иткIэ, 2025 гъэм икIи 2026 гъэмрэ 2027 гъэмрэ яку дэлъ лъэхъэнэм муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я бюджетхэм субвенцэхэр зэрытрагуашэу «2025 гъэм икIи 2026 гъэмрэ 2027 гъэмрэ яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдэкIамкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр (гуэдзэн №12-м и таблицэ №5) теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм фокIадэм и 15-м Налшык къалэ №I49-ПП

 Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 217-нэ статьям и 10-нэ пунктым, «Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэхэм я Iыхьэ щхьэхуэхэм я къарур къызэтегъэувыIэным, Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэхэм я Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным икIи 2025 гъэм Урысей Федерацэм и бюджет лъабжьэм и бюджетхэр зэрагъэзащIэм хэлъ щхьэхуагъэхэр гъэувыным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №367-ФЗ-м и 15-нэ статьям и 9-нэ, 13-нэ Iыхьэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм балигъ мыхъуахэм ядэIэпыкъунымкIэ икIи якIэлъыплъынымкIэ къэрал полномочие щхьэхуэхэр етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №24-РЗ-уэ 2008 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдэкIам ипкъ иткIэ 2025 гъэм икIи 2026 гъэмрэ 2027 гъэмрэ яку дэлъ лъэхъэнэм муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я бюджетхэм субвенцэхэр зэрытрагуашэу «2025 гъэм икIи 2026 гъэмрэ 2027 гъэмрэ яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдэкIамкIэ къащтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр (гуэдзэн №12-м и таблицэ №5) къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Тэрч-Александровскэ» къэрал щIыуэпс щIыпIэ хэхам теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм фокIадэм и 15-м Налшык къалэ №151-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Тэрч-Александровскэ» къэрал щIыуэпс щIыпIэ хэхам теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2007 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №277-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: