Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Закон и 54-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 54-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм фокIадэм и 11-м
№191- П-П

 

 «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 54-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым къищтащ 2025 гъэм фокIадэм и 11-м

«Щэнхабзэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №80-РЗ-уэ 2001 гъэм шыщхьэуIум и 10-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 54-нэ статьяр мыпхуэдэу тхын:
«54-нэ статья. НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм щэнхабзэкIэ зэрадэлажьэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм ядоIэпыкъу я лъэпкъ щэнхабзэ къуэпсыр, я адэжь щIыналъэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр яхъумэнымкIэ.
 НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм пыщIэныгъэ хуаIэурэ, щэнхабзэ центрхэр къызэригъэпэщурэ, ди хэкуэгъухэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлажьэурэ, зэгъусэу ирагъэкIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэр къызэригъэпэщурэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр щIэгъэкъуэн хуохъу нэгъуэщI къэралхэм лъэпкъ щэнхабзэм зыщаужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыбзэхэм я зэфIэкIхэр щыгъэбыдэным икIи лъэпкъ щэнхабзэм дунейм зыщиубгъуным.».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм фокIадэм и 23-м
№30-РЗ

Поделиться: