НОБЭ

ФокIадэм и 30,
гъубж

ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ 
Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ 
1930 гъэм
къалъхуащ США-м щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэта, егъэджакIуэ Хьэвжокъуэ Маждэ. 
1947 гъэм къалъхуащ Сирием шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я генерал-полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ Абазэ Уэлид. 
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Мэз Сусаннэ. 
Дунейм и щытыкIэнур 
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Джэду щысу шыпсэ умыIуатэ

 

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: