ЗэпыщIэныгъэр ягъэбыдэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ «Души моей серебряные нити…» зы­фIаща гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, Ингуш Республикэм и цIыхубэ сурэ­тыщI, Карабулак къалэм ГъуазджэхэмкIэ и Сабий школым и унафэщI, щIыналъэм и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ Мар­тазанов Муса и лэжьыгъэ­хэр. Ар къызэрагъэпэщащ худо­жникыр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу.

НэхъапэIуэкIэ Ингуш Республикэм СурэтыщI гъуазджэ­хэмкIэ и къэрал музейм и фондым и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр ­КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм щагъэлъэгъуащ. КъыкIэлъыкIуэу, КъБР-м Сурэ­тыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм­-рэ республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ, «Палитра мира» Iуэхум хыхьэу, Ингуш Республикэм и Карабулак къалэм «Мастера реализма» выставкэр щагъэлъэгъуащ. Мы гъэлъэ­гъуэныгъэр щIыналъэхэм ди щэн­хабзэ зэпыщIэныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зэ­рызрагъэужьым къыпызыщэщ. 
Иджырейм къызэщIеубыдэр Мартазанов Муса Iэмал, жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ и живопись, графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьыгъэ 30-м нэблагъэ. Абыхэм щыболъагъу бгыхэр, къурш уардэхэр, щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, удз гъэгъа щхъуэкIэ­плъыкIэхэр. Гъэм и сыт хуэдэ ­зэманми щIыуэпсым и даха­-  гъэр къыщигъэлъэгъуа сурэтхэр плъы­фэбэщ, щIэщыгъуэщ, гуп­сысэ ящIэлъщ.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий и псалъэм къыхигъэщащ художникым и зэфIэкIыр зэрыинри и лэжьыгъэхэм зэрыхэплъагъуэр, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я дунейр, щIыуэпсым и дахагъэр абыхэм къызэрыщигъэлъэгъуар. Абы Мартазановым фIыщIэ хуи­щIащ, и лэжьыгъэхэр ди щIыналъэм къызэришам, сурэтыщI ­гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм апхуэдэ тыгъэ къазэрыхуищIам папщIэ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Къаны­къуэ Жаннэ жиIащ зи илъэс 50-м ирихьэлIэу выставкэ 50 къызэ­зыгъэпэща Мартазанов Муса зы цIыху гъащIэм къриубыдэу ап­хуэдиз зэфIэкI зэриIэр зэригъэ­щIагъуэр икIи абы ехъуэхъуащ дяпэкIи емызэшу, дэрэжэгъуэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу гъащIэ узын­шэ къигъэщIэну. 
- Ди щIыналъэм исхэм си гуа­пэу сынывохъуэхъу мыпхуэдэ ­лэ­жьыгъэхэр зэрыщагъэлъа­гъуэмкIэ. Кавказым ис лъэпкъхэр ­ды­зэкъуэтмэ, дылъэщщ. Гъуаз­джэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, нэ­гъуэщI унэ­тIыныгъэхэмкIэ диIэ зэ­фIэкIхэмкIэ дызэхъуэжэну Iэмал дызэриIэр фIыщ. Ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна ­хъугъуэфIыгъуэхэр художник­-хэм, композиторхэм, артистхэм я лэжьыгъэхэм щыдолъагъу. Лъэпкъхэм ди щэнхабзэ, хабзэ дахэхэр тхъумэну, ахэр щIэблэм я деж нэтхьэсыну ди къалэнщ. Муса, дяпэкIи ехъулIэныгъэ уиIэну ди гуапэщ! – жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмкIэ, псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комиссэм и уна­фэщI, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ жиIащ гъунэгъу щIыналъэм щыпсэу художникым и IэдакъэщIэкIхэр ди деж зэрыщагъэлъагъуэр зэригуапэр, абы и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэр и лэжьыгъэхэм зэрыщынэ­рылъагъур, ди зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зрагъэубгъуну зэрыщы­гугъыр.
Музейм и фондым и хъумакIуэ нэхъыщхьэ, УФ-м и цIыхубэ Iэп­щIэлъапщIэ Мокаев Владимир и псалъэм къыхигъэщащ Марта­занов Муса и лэжьыгъэхэр гъэ­щIэгъуэн зэрыщыхъуар, сурэ­тыщIым хьэл-щэн дахэр, жэуап­лыныгъэ зэрыдилъагъур, жы­-лагъуэ лэжьыгъэми жыджэру зэ­рыхэтыр. 
Мартазановым жиIащ Налшык фIэфI дыдэу и лэжьыгъэхэр къызэришэр, лъэпкъхэм яку зэ­ныбжьэгъугъэрэ зэпыщIэныгъэ­рэ дэлъын, зэкIэлъыкIуэн, къэ­кIуэнур зэдаухуэн, зым и хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуа­щIын зэрыхуейр, сурэтыщIхэм цIыхухэр фIым, дахагъэм хуа­гъэу­шыныр, гъуазджэм и ку­ры­хыр зыхрагъэщIэныр я къалэн нэхъыщхьэу къызэрынэжыр, су­рэт щIыным дихьэх балигъи, ­ныбжьыщIи, сабий сымаджэхэми зэрадэлажьэр, сурэт миным щIигъу зэрищIар, усэ 500-м нэблагъэ зэритхар. Мартазановым фIыщIэ яхуищIащ гуапэу ­къезыгъэблэгъахэм, выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, и лэ­жьыгъэхэм псалъэ гуапэ хужы­зыIахэм. Муса къыхигъэщащ илъэс 40, 45-рэ, 50 щрикъухэм ирихьэлIэу, хабзэ зэрыхъуауэ, апхуэдиз гъэлъэгъуэныгъэ къы­зэ­рызэригъэпэщыр. Абы и лэ­жьыгъэхэм ящыщ зы музейм тыгъэ къыхуищIащ.
Мартазанов Муса теухуауэ: Мартазанов Муса 1975 гъэм накъыгъэм и 9-м Ингуш Республикэм хыхьэ Карабулак къуажэм къыщалъхуащ. Экономист, психолог, сурэтыщI IэщIагъэхэр зригъэгъуэтащ. КъищынэмыщIауэ, усэ етх, ахэр щызэхуэхьэса тхы­лъитI къыдигъэкIащ. И лэ­жьы­гъэхэр Москва, Иркутск къалэхэм, Краснодар крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Шэшэн республикэхэм, нэгъуэщIхэми ща­гъэлъэгъуащ. 
Выставкэр жэпуэгъуэм и 20 пщIондэ лэжьэнущ. Иужьрей ­махуэм музейм щекIуэкIынущ Мартазанов Муса и пшыхь. Ар ­къеджэнущ и усэхэм. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: