КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр.
Абы утыку къыщрахьащ Данте Алигьери и «Божественная комедия» поэмэм Жылэм хуищIа графикэ лэжьыгъэ 50-м щIигъу. Художникхэм мы сурэтхэр къалъытащ республикэм и щэнхаб- зэм зезыгъэужь лэжьыгъэ хьэлэмэтыщэхэу.
- Жылэ Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэр гъэщIэгъуэнщ, куэди къызэщIаубыдэ. Данте и тхыгъэ уахътыншэм хуищIа сурэтхэр цIыхухэм гунэс ящымыхъун-кIэ Iэмал иIэкъым, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ. - Данте и поэмэм сурэтхэр езым хуищIыжами, дуней псом и художникхэм лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ я лэжьыгъэ траухуэ мы тхыгъэм зыхуишэ гупсысэхэм. Псом хуэмыдэу тфIэгъэщIэгъуэнщ епщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм къыдэбжэ тхыгъэм иджырей сурэтыщIым хуиIэ еплъыкIэр. Ар Жылэ Анатолэ къехъулIауэ, гъуазджэмкIэ иIэ зэфIэкIыр, зыужьыныгъэр уэзыгъэлъагъуу къызолъытэ. Мы сурэтхэм къагъэлъагъуэ художникыр лIыпIэ зэриувари, и лэжьыгъэщIэхэм иджыри дыпоплъэ.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ щIагъыбзэ зыщIэмылъ гъуазджэ лэжьыгъэр нэсу къэплъытэ зэрымыхъунум теухуауэ драматург Шоу Бернард жиIахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къыхигъэщащ Жылэм и графикэ лэжьыгъэхэм щIагъыбзэ куу зэращIэлъыр, а щIагъыбзэр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм гупсэхуу ущеплъкIэ къызэрыбгурыIуэр. Къэпсэлъам къыхигъэщащ Жылэ Анатолэ щIэ куэдым зэрытегушхуэр, ар ди республикэм и художник нэхъыфIхэм ящыщу къызэрилъытэр.
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм къедаIуэхэм ягу къигъэкIыжащ Навои Алишер и псалъэхэр: «Аслъэным и гъусэу уетIысэхын папщIэ, аслъэну ущытын хуейщ…». Анатолэ и лэжьыгъэхэр къызэрехъулIар, дунейпсо литературэм хэIэбэу къыхиха тхыгъэм зыкIи емыфэгъуэкI сурэтхэр къызэригъэщIар къыджиIэущ Гъутым и псалъэр си щхьэкIэ къызэрызгурыIуар.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан жиIащ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа графикэ лэжьыгъэхэр нэхъ ину щIауэ Жылэм утыку кърихьэну зэрыпэплъэр, сурэтыщIыр теувапIэ нэхъ лъагэхэм кIуэ пэтми зэрыдэкIуейр, нэхъри зэрызыкъызэкъуихыр.
- Анатолэ зэрысцIыхур сурэтыщI гъуазджэм хуэпэж художникыущ. Нэхъыщхьэращи, ар ящыщкъым Iуэхум тезашэу къэувыIэхэм, зы пIэм итхэм, - жиIащ КIыщ Мухьэдин и щхьэгъусэ Жаклин Дианэ. - Зи мурадхэр зэзыгъэхъулIэф сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм ящIэлъ гупсысэр зэуэ къэубыдыгъуафIэкъыми, зыгурыдгъэIуэну къытпэщылъщ.
Жылэ Анатолэ ехъуэхъуащ и ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ. Абы ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист Зеу-щэ Iэуес, КъБР-м и Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ и рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, нэгъуэщIхэри. Къэпсэлъахэм художникым хъуэхъукIэ зыхуагъэза нэужь, къыхагъэщащ Жылэ Анатолэ сурэт щIыным зэфIэкI ин зэрыщиIэр, и лэжьыгъэхэм гупсысэшхуэ зэращIэлъыр, езыр цIыху гуапэу, зэпIэзэрыту зэрыщытыр.
УФ-м и Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу Жылэ Анатолэ иратащ «Профсоюзым жыджэру зэрыхэтым папщIэ» дыщэ бгъэхэIу дамыгъэр. ЗэIущIэм къыщеджащ Адыгэ Республикэм и художникхэм, ЦIыхубэ творчествэмкIэ методикэ центрым и лэжьакIуэхэм, Жылэ Анатолэ и ныбжьэгъухэм къабгъэдэкI хъуэхъум.
Жылэ Анатолэ фIыщIэ яхуищIащ выставкэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ, и лэжьыгъэхэм гу къылъызытэхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэр жэпуэгъуэм и 26 пщIондэ екIуэкIынущ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.