КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ къуалэбзухэмрэ зэрахъумэн, щэкIуэныр къызэрызэрагъэпэщ Iуэхухэм.
Комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ зи гугъу ящIынум лъэныкъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэмрэ ар зэрымытыншымрэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жа-натаев Сэлим жиIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджы япэу къыщаIэта Iуэхум теухуауэ я еплъыкIэхэм-кIэ зэдэгуашэу, зы унафэ гуэрым ахэр хуэкIуэн зэрыхуейр.
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм-рэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Табыхъу Аслъэнджэрий зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ущыщакIуэ хъуну и щIыпIэхэм гектар мин 870-рэ яубыд. Абы щыщу гектар мин 575-м хуиту щощакIуэ. Гектар мин 294-р я нэIэм щIэтщ IуэхущIапIэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ ХьэкIэкхъуэкIэхэр щыпсэу щIыпIэхэр къызэрагъэсэбэпымрэ ахэр хъумэнымкIэ департаментымрэ щыщакIуэ щIыпIэхэр зейхэмрэ гъэ къэс илъэсым и пэм къызэрапщытэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызекIуэ псэущхьэхэм я бжыгъэр. Абы ипкъ иткIэ ягъэбелджылы къащэкIуну зыхуитыр зыхуэдизыр.
Республикэм къыщаукIыну зыхуитхэм ящыщу бжыгъэ хэха зыхуагъэувхэм яхэтщ къурш бжэныр. 2024 - 2025 гъэхэм апхуэдэу къащэкIуну зыхуиту ягъэувар 170-м нэсщ. КъищынэмыщIауэ, республикэм щощакIуэ кхъуэпIащэм, дыгъужьым, хьэIуцIыдзым, тхьэкIумэкIыхьым, бажэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 - 2025 щэкIуэгъуэ пIалъэм къриубыдэу, щэкIуэну хуит зэращI тхылъу 2800-м щIигъу ятащ.
Нэгъабэ республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къапщыта нэужь, административнэ хабзэр къызэпызыуд Iуэху 64-рэ къыщIагъэщауэ щытащ, къуэдыуэ сом мини 118-м щIигъу тралъхьащ. КъищынэмыщIауэ, зи мылъку хагъэщIам пэкIуэ ахъшэр иратыжыну хуагъэуващ псоми зэхэту сом мини 183-рэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Бдзэжьей ещэнымкIэ федеральнэ агентствэм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ щIыналъэ къудамэм зэрыдэлажьэм, КъБР-м и Тхылъ Плъыжьым иратхэр къызэзыгъэпэщ комиссэм и IуэхущIафэм, гъунэгъу республикэхэм зэрапыщIам, нэгъуэщIхэми.
Табыхъум жиIащ 2024 гъэм республикэм и щIыпIэхэм щыIэ кхъуэхэм африкэ уз зэрыцIалэ яIэрэ-ямыIэрэ зэхагъэкIыным теухуауэ къэхутэныгъэ 37-рэ къызэрыщыхахар, Iуейуз (ящур) япкърытрэ-япкърымытрэ къэзыгъэлъагъуэ къэпщытэныгъэ 26-рэ зэрырагъэкIуэкIар. Апхуэдэхэр къахэкIакъым.
Ар тепсэлъыхьащ псэущхьэхэм я бжыгъэр хъумэным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, «Бдзэжьеящэ унагъуэ», «Бдзэжьеящэ гъунапкъэншэ» Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIым, щыхь лIэужьыгъуэр гъэбэгъуэнымкIэ зэфIагъэкIым.
Гугъуехьхэм ящыщу къэпсэлъам къигъэлъэгъуащ къэ-рал къэпщытакIуэхэр зэрахуримыкъур. Абы и зэранкIэ, щэкIуэным епха къалэн щхьэхуэхэр зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэщыфыркъым, хабзэхэм ебакъуэу хьэкIэкхъуэкIэ- хэр къэзыукIхэм зэрапэщIэтыр къелъахъэ.
И Iуэху еплъыкIэр къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
ЗэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ щыщакIуэ щIыпIэхэм зэрыхагъэхъуэну Iэмалхэми, а Iуэхум епхауэ министерствэхэр зэдэгъэлэжьэнми. ЖаIахэр къэлъытауэ, комитетым иубзыхуащ зэлэжьын хуей Iуэхухэр.