«В единстве наша сила» зыфIаща хэгъэгу фестивалым хыхьэ зы Iуэху дахэт Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм цIыхушхуэ щызэхуэзышэсар. Ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэ куэдми я лIыкIуэхэр, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр, курыт еджапIэхэмрэ вузхэм-рэ зыхэта зэIущIэ дахэр къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ Урысей федеральнэ агентствэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм. Ар зи жэрдэмхэм зыщIагъэкъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ.
Концерт гъэлъэгъуапIэм и пэIущIэ пэшым узыщрихьэлIэ дахагъэр къыпхуэмыIуэтэн хуэдизщ. Лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ щхьэж и лъэпкъ щэнхабзэ, гъуазджэ, и дуней тетыкIэ къэзыгъэлъагъуэ стIолым бгъэдэтщи, дэтхэнэми уи нэгу къыщIагъэувэ ар къызыхэкIар адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукI гуэр. Ахэр шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэщ, лъэпкъ дамыгъэщ, щагъэщ, гуащэ гъэщIэгъуэнхэщ.
Псалъэм папщIэ, абдеж ущыIуощIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэхэмкIэ республикэ центрым, «Птицы счастья» (урыс), «Алан» (балъкъэр) жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, «Абхазия» (абхъаз), «Ахбюр» (ермэлы), «Нарспи» (чуваш), «Риони» (куржы), «Кодумаа» (эстон), «Туган-тел» (тэтэр), «Ватан-ёлунда» (тырку-меcхетин), «Днипро» (украин), «Дагестан» (Дагъыстэн), Тэрч къэзакъыдзэм и тэрч-малкэ щIыналъэм я лъэпкъ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я плIанэпэхэм.
ЕтIуанэ къатым щыплъагъухэри щIэщыгъуэщ. «Зэныбжьэгъугъэм и жыг» зыфIаща сурэтым къытощ Iэ-тхьэмпэ-хэр зыпыт жыг уардэ, хуейхэр бгъэдыхьэурэ а пщIащэ зэмыфэгъухэм я Iэ щIэдзыкIэ къытранэ. АдэкIи щытщ фестивалым и фIэщыгъэ псалъэхэр зытет нэгъуэщI зы жыги, лэч щхъуэкIэплъыкIэхэм уи Iэпхъуамбэр хэпщIэрэ абы тебгъауэу. ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №2 Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм щIэсхэмрэ абы и егъэджакIуэхэмрэ я IэрыкIхэм яхухэхащ зы дапхъэ. Щхьэхуэу я гугъу пщIы хъуну щIэщыгъуэщ Кулиевэ Маринэ и IэдакъэщIэкI гуащэхэмрэ абыхэм я фэилъхьэгъуэхэмрэ.
Махуэшхуэ пшыхьыр Урысейм теухуауэ езым иуса уэрэд дахэкIэ къызэIуихащ Уэлджыр Миланэ. Абы щIэту утыкум къихьащ Iуэхум хэт къэфакIуэхэм-рэ уэрэджыIакIуэхэмрэ. Пэ-шым щIэсхэр макъамэ дахэхэмкIэ къыдахьэхыу махуэщI гукъыдэжыр къаIэта иужь, къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу мыпхуэдэ Iуэху дахэхэр ди къэралым и щIыналъэхэм щокIуэкI. Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблееми абы и щIыналъэ къудамэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу а махуэшхуэмкIэ. Дахагъэ, насып, мамырыгъэ, зэкъуэтыныгъэ дыщымыщIэну! - жиIащ Хьэутий икIи фIыщIэ яхуищIащ зыщыщ лъэпкъым и зэфIэкI фестивалым щызыгъэлъагъуэхэм, артистхэм.
АдэкIэ абы игъэзэщIащ пщэрылъ дахэ. Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэм щытекIуахэр щагъэлъэпIащ Мэхъэчкъалэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ар зыхуагъэфэщахэр утыку къришащ Сэхъурокъуэм икIи саугъэтхэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ яритыжащ. Апхуэдэу урысейпсо жылагъуэ саугъэтымкIэ зи лэжьыгъэ къалъытар КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зумакулов Борис, ныбжьыщIэ губзыгъэ Жангуразовэ Нуржан сымэщ. Абыхэми псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, ар зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным хэлIыфIыхьа дэтхэнэми.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кавказ пшэплъхэр» сабий къэфакIуэ ансамблым, Му-зыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Теунэ Жэмал, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, къэзакъ уэрэдхэмкIэ «Родник» цIыхубэ хорым, Соттаев Къанщауэ и цIэр зезыхьэ «Эльбрус» къэфакIуэ гупым, нэгъуэщIхэми.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.