Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I0-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I0-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м
№203-П-П
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I0-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м
1-нэ статья
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-м, 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет–портал (www.pravo.gov.ru), и 10-нэ статьям и 4-1 Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, абы и етIуанэ псалъэухам хэт «къэзылъхуаитIри е иIэ зы закъуэр щеджэ пIалъэм къриубыдэу зыфIэкIуэдахэр» псалъэхэр «къэзылъхуаитIри е иIэ зы закъуэр щеджэ пIалъэм къриубыдэу зыфIэкIуэдахэр, дзэ Iуэху хэххам хэтхэм я бынхэр, абыхэм дзэ Iуэху хэхам щыхэкIуэдахэм (лIахэм) я бынхэри яхэту» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIауэ.
2-нэ статья
1. Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къызэрытрадзэрэ махуипщI дэкIа иужькIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м
№39-РЗ
Поделиться:
Читать также:
06.12.2025 - 09:30 →
Путин Владимир упщIэкIэ зыхуэвгъэзэну фыхуеймэ
03.12.2025 - 12:34 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
03.12.2025 - 12:31 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
03.12.2025 - 12:29 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
27.11.2025 - 10:00 →
Адыгэхэр лъэпкъышхуэхэм хабжащ
| ||




