Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыхилъхьар, япэ къеджэгъуэу къэщтэн.

2. Мы Унафэр яхуегъэхьын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и комитетхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм.

3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм чэнджэщ етын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр етIуанэ къеджэгъуэу 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м щыхэплъэнум ипэ къихуэу зэгъэзэхуэжыныгъэхэр щагъэхьэзыркIэ, мыбыхэм я тэмэмыпIэхэм теухуа хъыбархэр къитыну:

 а) «Къэралым 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и бюджетым IуэхукIэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кърату Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхущIагъуж ахъшэр зыхуэдизынум теухуауэ;

б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым къыхэкIыу муниципальнэ щIыналъэхэм я бюджетхэм хухах бюджет зэхуаку трансфертхэр абыхэм ятегуэша зэрыхъунум теухуауэ.

4. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым, япэ къеджэгъуэу къащтам, халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м и пэ къихуэу иратын хуейуэ гъэувын.

5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым къалэн щыщIын а законопроектым теухуауэ къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэр, чэнджэщхэр, зэгъэзэхуэжыныгъэхэр къэлъытауэ елэжьыжыну икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэн папщIэ къыхилъхьэну.

6. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI                                ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м

№210-П-П

Поделиться: