Путин Владимир упщIэкIэ зыхуэвгъэзэну фыхуеймэ

Дыгъэгъазэм и 19-м сыхьэт 12-м телевиденэм къигъэлъэгъуэнущ «Илъэсым кърикIуахэр Путин Владимир дригъусэу» программэр.

Къэралым и УнафэщIым эфир занщIэкIэ зэхилъхьэжынущ иух мы илъэсым кърикIуахэр икIи журналистхэмрэ ди Хэкум щыпсэухэмрэ я упщIэхэм жэуап яритынущ.
Дэтхэнэ зыми упщIэкIэ зыхуигъазэ хъунущ къэралым и Президентым moskva-putinu.ru (москва-путину.рф) программэм и сайтымкIэ, е 0-40-40 номерымкIэ СМС е ММС игъэхьу, апхуэдэу  8-800-200-40-40 телефонымкIэ псалъэу. УпщIэхэр яутIыпщ хъунущ гуэдзэн хэхамкIэ (ар зыхуэдэм ­нэхъ тэмэму щыгъуазэ зыщащIыфынущ программэм и сайтым).
ТхыгъэкIэ е видеокIэ зэрызыхуагъазэ упщIэхэр Президентым ­хуа­гъэхь хъунущ «ВКонтакте», «Одноклассники» социальнэ сетхэмкIи. Программэм и гуп хэхахэр - vk.com/moskvaputinu и ok.ru/moskvaputinu. Апхуэдэуи къагъэсэбэп хъунущ MAX мессенджерым и къудамэри - max.ru/moskvaputinu.
УпщIэхэр ягъэхь хъунущ дыгъэгъазэм и 4-м москва зэманымкIэ сыхьэт 15-м къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 19-м нэтыныр иухыху.

Поделиться: