ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и зэIущIэ зыубгъуамУрысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыщыпсэлъащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ зыубгъуам. А зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. «Зэхуэсым и пэщIэдзэм къэралым и УнафэщIым къыхигъэщащ блэкI илъэсыр дзэ Iуэху хэхам щызыхуагъэувыжа къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэу зэрыщытар: жылэ 300-м щIигъу хуит къащIыжащ», - щыжеIэ и социальнэ напэкIуэцIым КIуэкIуэ Казбек. Апхуэдэуи абы къехь Президентым къипсэлъахэм щыщ пычыгъуэхэри: «Урысей армэм къизэужащ икIи быдэу иIыгъщ фронтым и кIыхьагъкIэ декIуэкI щIыпIэхэр. Ди дзэхэр тегушхуауэ ипэкIэ макIуэ икIи я ныкъуэкъуэгъур ирагъэкIуэт. Дэ дрогушхуэ зауэм и гуащIапIэм Iут, Урысейр, абы и цIыхубэм я шынагъуэншагъэр зыхъумэ ди сэлэтхэмрэ офицерхэм я лIыхъужьыгъэм».
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




