Адыгэм диIэщ цIыху зэчиифIэ куэд, гъуазджэми, щэхабзэми, тхыдэми лъэ быдэкIэ хэту е лъэужь дахэ къагъэнауэ. Абыхэм ящыщщ тхакIуэ, журналист, бзэщIэныгъэлI, художник, скульптор, усакIуэ, драматург IутIыж Борис! Ар псэужатэмэ, и ныбжьыр мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут.
IутIыж Къуней и къуэ Борис зыщыщыр Зэрэгъыжт. Ар зыхалъхуар зауэ лъэхъэнэт, мэжэщIалIагъэкIэ гъэнщIа сабиигъуэт и сабиигъуэри. ЦIыкIу дыдэу щIидзащ колхоз губгъуэм щылэжьэн. 6-нэ классым щIэсурат мэкъу еуэу балигъхэм я сатырым щыхэувам.
Къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха иужь, Борис дзэм къулыкъу щищIащ илъэсищкIэ. 1963 гъэм къыщыщIэдзауэ 1968 гъэ пщIондэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. Университетым щIэсу тхэн щIидзащ абы. Стенгазет щIыныр и къалэнт, сурэт ищIыфырти, кIэщIитхэнухэри езым и Iуэхужт!
IуэрыIуатэдж, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэмрэ IутIыж Борисрэ зэдеджащ. ТIуми зэгуэрхэр ятхыу, ауэ ятхар зрагъэтIылъэкIыу апхуэдэти, общежит пэшым здыщIэсым, ятхахэр къызыкъуахри, зым итхам адрейр иригъэджащ. «Борис къытезгъэхьэщ, и тетрадым итхэм ящыщ рассказитI къыхэтхри, «Ленин гъуэгу» газетым схьауэ щытащ. КъыщесIыхым щыгъуэ темыгушхуащэурэ къызитами, ар газетым нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ хъуат, пэж дыдэу си рассказ къытехуэ хъумэ, жиIэу. Апхуэдэурэ зыкъом дэкIауэ, Борис письмо IувыфI къыIэрохьэ редакцэм къикIыу. И тхыгъэхэр трамыдзэу къыхурагъэхьыжауэ арат. КъыщIытрамыдзам и щхьэусыгъуэри гъэщIэгъуэнт. Илъэс Iэджэ дэкIауэ наIуэ къызэрыхъужамкIэ, рассказхэр зыIэрыхьам иджыри къэс зыми имыцIыхуа апхуэдэ тхакIуэ Iэзэ щыIэнкIэ шэч къытрихьэри, газетым тридзэн темыгушхуахэу арат», » - къеIуэтэж Iэдэм.
ТхакIуэ, журналист Джэрыджэ Арсени дэлэжьащ Борис. Абы и гукъэкIыжхэм ящыщщ мыри: «Дыщыпсэу фэтэрыр уэрамымкIэ гъэзати, туфлъэ лъэдакъэ лъагэхэм я тIыркъэ-сыркъэ зэпымыужым къыпфIигъэщIырт къалэм хъыджэбз дахэу дэсым ди щхьэгъубжэ лъахъшэ цIыкIумкIэ зэрызэ-тIорытIэ блэкIын хуейуэ пщэрылъ щащIауэ. Абдежырауэ къыщIэкIынт Борис и уэрэдыгур япэу къыщыушари. Пщэдджыжь гуэрым дыкъэтэджат дзапэ уэрэд къришу: «Къэбэрдей уэрамым утехьау, Уэ урокIуэр, псори къэптхьэкъуау, туфлъэри мэпсалъэ тIыркъ, тIыркъ, тIыркъ. Сигури мэлъалъэ дыргу, дыргу, дыргу». Уэрэдыр пэш бэнзэв цIыкIум куэдрэ щIэбэмпIыхьын хуэмейуэ тхьэм иухауэ къыщIэкIынти, а зэманым цIэрыIуэ хъууэ хуежьа Уэтэр Анатолэ, пщыхьэщхьэ гуэрым ди деж къыщIыхьауэ зэхихати, и псалъэхэр къищтэри, кIуэжащ. Тхьэмахуи дэкIатэкъым уэрэдыр радиом къиту, цIыхухэм зэпадзыж щыхъуам!».
Куэдым ящIэркъым IутIыж Борис «Нартхэр» ансамблым хэту, адыгэ уэрэдыжьхэр жиIэу зэрыщытар. Сыт хуэдэуи макъ дахэ иIэт, зэрыжаIэмкIэ.
Университетым щыщIэсым фIы дыдэу еджэрти, стипендие хъарзынэ къратырт Борис, ауэ ар хуримыкъуми, жьы хъуа и адэ-анэр къыдэIэпыкъун хуейуэ зэи закъригъэщIакъым. И ныбжьэгъухэм щIыгъуу IэфIыкIэ щащI фабрикэм е гъущI гъуэгу вокзалым вагон яунэщIэу щылажьэрт.
ЕхъулIэныгъэ иIэу университетыр къиухащ абы. Къызэриухыуи, а гъэ дыдэм ирагъэблагъэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и адыгэбзэ къудамэм. ПщIэ зыхуащI щIэныгъэлIу а институтым Борис щылэжьащ илъэс 22-кIэ. А зэманым къриубыдэуи къиухащ къэралым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хыхьэу бзэ щIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт институтым и аспирантурэр. Тбилиси и кандидат диссертацэр щыпхигъэкIри, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидату къэкIуэжащ Борис.
1990 гъэм ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэу Налшык дэт институтым ирагъэблагъэри, лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ абы къыщызэIуаха кафедрэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щылэжьащ IутIыжыр. Зыпэрыува Iуэхум хъарзынэу дихьэха, хэзэгъа пэтми, аргуэру лэжьапIэхъуэж ищIыныр къыхудэкIат: адыгэ тхакIуэхэм я зэхуэсым ар зэдэарэзыуэ щыхахащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу.
Арами, IутIыжыр нэхъ къызэрацIыхуу щытар драматургыущ. ЦIэрыIуэ зыщIари и пьесэхэрщ. Сценариехэм нэмыщIкIэ, я нэхъыбэр усэбзэу зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ. «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип», «Мазагъуэ», «Лъыгъажэ жэщ», «Гъуабжэгъуэщ» трагедиехэр, «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ» драмэхэр, «Шамхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэпэщыпхэ» комедиехэр лъэпкъым тыгъэ хуэзыщIар Борисщ. Ар адыгэ литературэм и классикщ. Псэу щIыкIэ классик зыщIари драматургиеращ. Езым итхахэм къищынэмыщIауэ, пьесэ зыбгъупщI театрым яхузэридзэкIащ абы адыгэбзэкIэ.
«Борис иужькIэ ди адыгэ тхакIуэхэм иджы пьесэ ятхын мэшынэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы къищта лъагапIэм унэсыну тыншкъым», – итхыжат Къэбэрдей драмэ театрым и артисткэ пажэ Хьэмыку Жаннэ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуауэ щыта зэрыхьзэрийм тхыгъэкIэ пэджэжын IутIыж Борис фIэкIа зы цIыху къыхэкIакъым ди тхакIуэхэм. «Ярэби, щыуэн щхьэ къытхэкIа?! КъытхэмыкIын щхьэкIи сыт щIапхъэр, хэт зэдэIуапхъэр?!», - а упщIэм и жэуап лъыхъуэу, ар здынэплъысар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Гупсысэу къыщыIуэтам я пщIэр ноби зыкIи къэмылъэхъша.
«Лъэпкъыр иджырей гъащIэм дэбакъуэу, иджырей дунейм екIуу, адрей лъэпкъ пэрытхэм къакIэрымыхуу щытын щхьэкIэ, тхыбзэ иIэ къудей мыхъуу, а и тхыбзэм зригъэужьу, анэдэлъхубзэм зэфIэкIыу иIэ псор къыпкърихыфу, лъэмыкIыну ягугъахэр къаригъащIэ зэпыту щытын зэрыхуейм, шэч хэмылъу, нэхъыбэрэ тепсэлъыхьыпхъэщ, нэхъыщхьэращи - а Iуэхум хуэ1эижьхэр телэжьыхьыпхъэщ», - жиIэрт абы адыгэ тхыбзэм теухуауэ. ЩIэн хуейри, зыщIэн хуейри, зэрыщIэн хуейри адэкIэ гурыIуэгъуэ дыдэу къытхузэпкърех… Къафщти феджэ!
IутIыж Борис хуэдэу литературэм и лIэужьыгъуэ псоми пэлъэщу, зи ужь ихьэм хуэIэижьу зэфIигъэкIыу зы тхакIуэ диIакъым адыгэхэм. Ар зымыцIыхуам: «Мыпхуэдиз щытхъур тIэкIу емыгъэлеиIуауэ пIэрэ?!», - жиIэнри хэлъщ. Ауэ зыцIыхуахэр, зи тхыгъэ яджа ди лъэпкъэгъухэм хоплъэжхэри, «Борис хуэди!» жаIэ.