ЦIыхухэр куэдкIэ нэхъ зэкъуэт хъуащ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир хабзэу зэригъэувам тету, мы гъэми теленэтын занщIэмрэ пресс-конференц иным­рэ зы ищIри, федеральнэ, щIыналъэ журналистхэмрэ къэралым и цIыху къызэрыгуэкI­хэмрэ я упщIэхэм жэуап яритащ. Ар ще­­кIуэкIащ Москва и «Гостиный двор» хэщIапIэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Президентым зэрызыхуагъазэ упщIэхэр дыгъэгъазэм и 4 лъандэрэ зэхуахьэс.

 
ЗэIущIэр щIидзэным и пэ къихуэу упщIэ мелуани 2,5-м нэблагъэ къызэрагъэхьар ягъэбелджылащ къызэгъэпэщакIуэхэм. ТхьэмахуитIым щIигъукIэ жэщи-махуи ахэр зэхуахьэсащ ЦIыхубэ фронтым и лIыкIуэу цIыху 200-м щIи­гъум. Абыхэм я нэхъыбэр къикIащ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Краснодар крайм, Свердлов, Ростов областхэм. ЗэIущIэм щIэсащ щIыпIэ, щIыналъэ, федеральнэ журналисту, хамэ къэралхэм, уеблэмэ димыныбжьэгъу къэралхэм щыщу кърагъэблэгъа корреспонденту, дзэ-корреспонденту 650-рэ. Абы къи­щы­нэмыщIауэ, Путин Владимир зыхуагъэзащ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. ЗэIущIэм кърихьэлIа журналистхэм, телевиденэм и IэмалхэмкIэ зыпызыщIахэм, социальнэ сетхэмкIэ къэтхахэм, нэхъ пасэу зи упщIэхэр къезыгъэхьахэм, видеокIэ къэпсэлъахэм, унэм щIэсу къепсэлъахэм нэмыщI, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм я упщIэхэри къыщы­Iуащ зэIущIэм. 
Пресс-конференцыр езыгъэкIуэкIа Березовская Екатеринэрэ Зарубин Павелрэ зэIущIэм и пэщIэдзэм жаIащ упщIэ пщIы бжыгъэхэм зэры­хэплъар, ахэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым зэрытеухуар. Псом нэхърэ нэхъыбэр псэукIэм ехьэлIами, куэдыр зыгъэпIейтейр дзэ Iуэху хэхар зэрекIуэкIымрэ ар щиухынумрэт. 
Адрей илъэсхэм къыщхьэщыкIыу, Путин Владимир къызэрищIидзар УФ-м и Главнокомандующэм и жэуапкIэщ. Зауэ хьэмэрэ мамырыгъэ? 
- Иджыри хуэхьэзыркъым къытпэщIэтхэр мамырыгъэм. Дигу къэдывгъэгъэкIыж Iуэхур къы­зэрыщIидзар. 2014 гъэм Украинэм къэрал зэ­хъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ, Минск зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, гугъуехь псори мамыру зэфIахыну жаIэу. 2022 гъэм Украинэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм тетыгъуэр зыубыдахэм зауэ къыщигъэхъеящ. Дэ абы щыгъуэм яжетIащ: «Мы республикэхэм я Iуэху зевмыхуэу, тыншу вгъэпсэу». Абы папщIэ я дзэхэр ирашын хуейуэ арат а щIыпIэм. Къытхуадакъым, Истамбыл щекIуэкIа зэпсэлъэныгъэми дыкъыщагъэгугъэ хуэдэу ящIри, ядэжакъым. Иджыпстуи аращ екIуэкIыр, хуейкъым ахэр мамыру Iуэхур иухыну. Дауэ хъуми, долъагъу икIи къыдгуроIуэ зэгурыIуэныгъэхэм гъунэгъу зэ­ры­хуэхъур иувыкIауэ къытпэщIэтхэр. Сэ сытым дежи жызоIэ дэ мы зэпэщIэувэныгъэм ды­зэрыхуэмейр, едгъэухыну дызэрыхущIэкъур. Абы папщIэ нэгъабэ къэдгъэлъэгъуа жыпхъэ­хэр ягъэзэщIэн хуейуэ аращ, – жиIащ Путиным.
Нобэ зэуапIэм щекIуэкIым щыщIэупщIэм, Президентым жиIащ: «Урысейм IэщэкIэ зэ­щIэузэда и къарухэр зэпэщIэтыныгъэр ще­кIуэкI лъэныкъуэ псомкIи щохъулIэ. Языныкъуэ­хэм деж нэхъ псынщIэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм нэхъ хуэму кIуатэурэ. Къапщтэмэ, ди дзэхэм нобэкIэ къалэхэм я процент 50-р къащтащ. КъытпэщIэтхэм Iэщэр ягъэтIылъыну унафэ яIакъыми, гуп-гупурэ йокIуэт». 
И къэпсэлъэныгъэм къыпищэу, къэрал Уна­фэщIыр мащIэу тепсэлъыхьащ 2025 гъэм Урысейм и экономикэр зыхуэдэм. Путиным зэрыжиIамкIэ, ВВП-р зы проценткIэ хэхъуащ, инфляцэр проценти 6-м нэсу щытамэ, илъэсым и кIэм проценти 5,7-5,8-рэ хъунущ. Экономикэ зыужьыныгъэр зэрымыиным къигъэлъагъуэр абы и купщIэр хъума зэрыхъурщ, дыздынэса лъагапIэхэр зэрытIыгъыфырщ. Адрей IэнатIэхэм я гугъу пщIымэ, ерыскъыпхъэу къыщIагъэкIри зы проценткIэ нэхъыбэ хъуащ, абы елэжь промышленностым и зэфIэкIым проценти 3,1-кIэ хэхъуащ, мэкъумэшхэкIри проценти 3-м щIигъукIэ нэхъыбэщ. ПсэупIэ ухуэныгъэр къапщтэмэ, нэгъабэ метр зэбгъузэнатIэу меуани 100-м щIигъу ятащ. Улахуэр Iэмал зэриIэкIэ щыхохъуэ къэралым. Инфляцэр хэбгъэкIыжмэ, нэгъабэ улахуэр проценти 4-5-кIэ хэхъуащ. IэнатIэ зимыIэхэм я бжыгъэр проценти 2,2-м нэсу ехуэхащ.
Нэхъыщхьэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Урысей Федерацэм и Правительствэм лэжьыгъэш­хуэ зэрыригъэкIуэкIар, бюджетыр зэпэ­лъыта зэрищIар. Абы къегъэлъагъуэ ди къэралым жылагъуэм и пащхьэ щихь къалэнхэр псори зэрыхузэфIэкIынур, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъунур, технологие зыужьыныгъэр зэ­рыкIуэтэнур, Урысейм IэщэкIэ зэщIэузэда и ­къарухэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэдгъэпэщыфынур, – къыхигъэщащ Путин Владимир. 
Журналистхэм я упщIэхэм жэуап щаритым, Президентым жиIащ къэралым щекIуэкI ­«Лыхъужьхэм я зэман» про­граммэм хэта, СВО-м щыIа лIы­хъужьхэу щIэныгъэрэ зэ­фIэкIрэ зыбгъэдэлъхэм, уна­фэщI къулыкъу зыхуэфащэхэм гулъытэ яхуэщIын, апхуэдэхэм IэнатIэ етын зэрыхуейр. ИкIи къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Хэку зауэшхуэм къикIыжа ветеранхэм къэралыр зэфIагъэувэжауэ зэрыщытар, иджы­рейхэри абы зэрыхуэхьэзырыр. Дызытехьэ илъэсыр лъэпкъ ­зэкъуэтыныгъэм хухэхауэ зэ­рыщытым теухуа упщIэм и жэ­уапу Путиным жиIащ къралым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэм зегъэужьыныр, я бзэхэр хъумэныр, литературэр егъэфIэкIуэныр куэд щIауэ я нэIэ щIэту къызэрекIуэкIыр, ар къэралым и политикэ хэхауэ зэрыщытыр. «Дзэ Iуэху хэхам ди лъахэр щыхэт лъэхъэнэм цIыхухэр куэдкIэ нэхъ зэкъуэт хъуащ, зэуапIэм Iутхэр лъэпкъ­кIэ е яIыгъ динкIэ зэхагъэжыркъым. Псом нэхърэ нэхъыщ­хьэр Урысейм щыпсэу лъэпкъ псори зы псэкупсэ лъапIэны­гъэ­хэм зэрытетырщ», - жиIащ Уна­фэщIым. 
Куэдыр зыгъэпIейтей упщIэт къэралым унагъуэм ирит дэ­Iэпыкъуныгъэр, унагъуэм ис­хэм нэхъыбэ къалэжь хъуа нэужь, зэрыпичыжыр. Абы ­къигъэлъагъуэр умылажьэу къэ­ралым ущыгугъыу ущы­сыныр зэрынэхъ фейдэрщ. А Iуэхугъуэри дяпэкIэ Пра­витель­ствэр нэхъ куууэ зэ­лэ­жьыпхъэу къилъытащ Путин Владимир икIи жиIащ зи хэ­хъуэр зымащIэкIэ нэхъыбэ хъуа бынуна­гъуэшхуэм къэралым зэры­зыщIигъакъуэр зэрыIуихыжыр Правительствэм и щыуагъэу къызэрилъытэр. 
Пресс-конференц иным къэтхахэм, къэпсэлъахэм я уп­щIэ­хэр теухуат къэралым цIыху­хэм я псэукIэр нэхъ тынш ящищIын папщIэ ярит дэIэпыкъуныгъэ­хэм, щIыналъэхэм, къа­лэш­хуэ­хэм я гъуэгухэм я щытыкIэм, псэупIэ-коммуналь­нэ IэнатIэр къызэрызэгъэпэщам, пенсэхэр хэгъэхъуэным, налог Iуэхум, дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлI­хэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ защIэгъэкъуэ­ным, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зэрыз­рагъэужьым, спортым, къэ­ралкIуэцI, къэра­лщIыб политикэм, экономикэ зыу­жьы­ны­гъэм, улахуэм, нэ­гъуэщI­хэ­ми. Абыхэми нэгъуэщI упщIэ гъэ­щIэгъуэн куэдми, жэуап зэ­пэщхэр сыхьэт зыбжанэкIэ яритащ Урысей Фе­дерацэм и Президент Путин Владимир.

НэщIэпыджэ Замирэ. «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, лъэпкъ, жылагъуэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Поделиться: